САБИЙХЭМ ЯХУЭПЩI ГУЛЪЫТЭР КЪЭКIУЭНУМ И ГЪУАЗЭЩ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» респуб­ликэ социально-реабилитацэ центрым щы­Iащ. Егоровэр цIыкIухэм ехъуэхъуащ махуэшхуэм щхьэкIэ:
-  Мыр сабиигъуэм, гурыфIыгъуэм, хъуэп­сапIэхэм я махуэшхуэщ. Сабийхэр гъащIэм и тыгъэщ, дэ насыпыфIэ дызыщIщ. Дыхуейщ фэ губзыгъэу, узыншэу, ехъулIэныгъэхэр фиIэрэ лэжьыгъэм фыхуэIэкIуэлъакIуэу фыкъэхъуну, ди Хэкур фIыуэ флъагъуу, абы фыхуэпэжу фыпсэуну. 
Иджыпсту къэралым куэд ещIэ сабийхэм иджырей зэманым декIу егъэджэныгъэ, спорт, медицинэ, щэнхабзэ унэхэр къаху­зэIухыным, псом хуэмыдэу хуэныкъуэхэм з­ащIэгъэкъуэным теухуауэ. Мэкъуауэгъуэм и 1 махуэм дэ сытым дежи цIыкIухэм дахохьэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сабийхэм папщIэ пщIэ сыт хуэдэ Iуэхури ди къэкIуэнум хуэтщI хэлъхьэныгъэщ. 
ФIыщIэ псалъэкIэ захуэзгъэзэну сыхуейщ фэ зэпымычу фщIыгъу гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. Зэман дэкIмэ, ахэращ фэри фIыщIэ зыхуэфщIынур, сыт щхьэкIэ жыпIэ­мэ, ахэр ягукIи я псэкIи етауэ къывдэлэжьащ, абыхэм къыфхалъхьам фэ цIыху зэпIэзэрыту гъащIэм фыхагъэуващ, - жиIащ Егоровэм. 
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим сымэ. 
«Нэмыс» центрым и унафэщI Къардэн Адэлбий хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ я ­гулъытэ зэи зэрыщамыгъащIэм папщIэ. Центрым и гъэсэн цIыкIухэм концерт гукъи­нэж ягъэхьэзырат. 
Къыхэдгъэщынщи, КъБР-м и Парламентым и депутатхэм сытым дежи гулъытэ хэха хуащI гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува сабийхэм икIи махуэшхуэхэм деж яхохьэ, тыгъэхэмкIэ ягъэгуфIэ.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.