Президентым и жыIэмрэ и унафэмрэ.

Ди газетым и электрон къыдэкIы­гъуэм зэрытетащи, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мэкъуа­уэгъуэм и 20-м 17-нэ теленэтын зан­щIэр иригъэкIуэкIащ. Къэралым и цIыхухэм Президентыр «епсэлъащ» сыхьэти 4-рэ дакъикъи 8-кIэ. А зэманым къриубы­-дэу къэралым и Iэтащхьэм упщIэ 81-м жэуап яритащ, ахэр къикIащ хэгъэгу 23-м, нэтыныр иухыху студием къагъэхьа упщIэхэм я бжыгъэр мелуани 2-м щIигъуащ. БлэкIа теленэтынхэми хуэдэу, мыбыи хэтащ федеральнэ министрхэмрэ хэгъэгу Iэтащхьэхэмрэ. Ди газетым тыдодзэ Путин Владимир ита жэуапхэм щыщу нэхъыщхьэу къэт­лъы­тахэр.

Къалэнхэмрэ
лъэпкъ проектхэмрэ

Путин Владимир къыхигъэщащ къэ­ралым цIыхухэм я псэукIэр щегъэфIэ­кIуэныр унафэщIхэм я къалэн нэхъыщ­хьэу, абы папщIэ экономикэм зегъэу­жьыныр хэкIыпIэфIу зэрыщытыр. Зыу­жьыныгъэм хуэкIуэн, ар цIыхухэм зы­хащIэн папщIэ лэжьыгъэр лъэпкъ проектхэмкIэ къызэрагъэпэщыныр IэмалыфIу къалъытащ. «Лъэпкъ проектхэм къапэкIуэну дызыщыгугъыр экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэнырщ, технологиер къэIэтынырщ, лэжьапIэ IэнатIэхэр хагъахъуэу абы и фIыгъэкIэ цIыху­хэм я псэукIэр едгъэфIэкIуэнырщ, ди къэралым и шынагъуэншагъэр зыхуей хуэзэу къызэдгъэпэщу, мамыру дып­сэу­ныр зытедухуэнырщ», - жиIащ Путиным.
Абы папщIэ дэтхэнэ зы унэтIыныгъэми и мыхьэнэ елъытауэ зэщхьэщахащ икIи лэжьыгъэшхуэ ирахьэлIащ.
- Псом япэрауэ, дубзыхуащ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэм дызэрыхуэкIуэну лъа­гъуэхэр, абы текIуэдэну мылъкур къызы­хэтхынур зэхэдгъэкIащ. Ди жагъуэ зэ­рыхъущи, мис ахэр зэфIэдгъэкIын пап­щIэ Правительствэм унафэ ищIащ НДС-р 18-м икIыу 20-м нэс дригъэкIуеину. Абы дыщIыхуэкIуар къэрал бюджетыр иридгъэкъун, инфраструктурэр зыхуей хуэзэу зэтедухуэн папщIэщ. Лэжьыгъэшхуэ етхьэлIащ мы Iуэхум, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, дгъэбелджылащ ­гъуэгу тетлъ­хьэн щхьэкIэ ахъшэ дапщэ дыхуеинуми (2024 гъэ пщIондэ абы текIуэдэнущ сом триллиони 6,5-рэ), узыншагъэр хъумэныр къызэгъэпэщыным мылъку дапщэ ихьынуми, егъэджэныгъэр, щIэныгъэр, нэгъуэщI унэтIыныгъэ­хэри цIыхухэм нэхъ тыншу къагъэсэбэ­пын хуэдэу зэтеуб­лэ­ным текIуэдэнухэри.

ЦIыхухэм я хэхъуэ

Къэрал унафэщIым къыхигъэщащ ­блэкIа илъэсхэм къэралыр гугъуехь куэд зэрыхэтар, псом хуэмыдэу ар ехьэлIат ди хъугъуэфIыгъуэхэм - щIыдагъэм, газым, углеводородым, гъущIхэкIхэм - я уасэр дуней псом зэрыщехуэхам. Абы и ныбжь тридзащ Урысейм и экономикэми псэукIэми, апхуэдэ дыдэуи цIыхухэм я хэхъуэр ехуэхыу хуежьащ, псом хуэмыдэу 2016 гъэр гугъуу щытащ.
- Иджыпсту цIыхухэм я хэхъуэр дэкIуеижу хуежьащ, ар цIыхум къигъэхьэрычэтми теухуащ, улахуэ къихьми тещIыхьащ, - жиIащ Путиным. - Улахуэм и гугъу пщIы­мэ, экономикэм ику иту къыщалэжьыр 2017 гъэм сом мин 33-м щIигъуу щытамэ, иджыпсту сом мин 44-м нэсащ. Мыр ику иту къэсщта бжыгъэщ. Ар дэнэ хэгъэгуи, сыт хуэдэ IэнатIи щызэщхьэщокI. 2018 гъэм улахуэр проценти 8,5-кIэ хэхъуащ, мы гъэми проценти 2,8-кIэ нэхъыбэ ­хъуащ. Ар 2012 гъэм къыдэкIа Унафэхэм теухуауэ хагъахъуэу аращ. Нэхъыщхьэр улахуэр цIыхур псэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэ бжыгъэм зэрынэдгъэсарщ, мащIэми куэдми, цIыху мелуан 44-м я улахуэр хэхъуащ блэкIа илъэсхэм. Пенсэу къахьыр къэралым гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIхэм ящыщщ. Мы гъэм ар проценти 7,05-кIэ хэхъуащ. Псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, цIыхур псэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейр зэрыхэхъуам къыхэкIыу, мэлыжьыхьым пенсэхэмрэ къэралыр цIыхухэм зэрадэIэпыкъумрэ проценти 2-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Жэпуэ­гъуэм и 1-м дзэ къулыкъум пэрытахэм я пенсэр проценти 4,3-кIэ хэхъуэнущ. Гугъуехьыр долъагъу, дыкIэлъоплъ, зэрыхъу­кIи зэредгъэфIэкIуэнум иужь дитынущ.

Узыншагъэр хъумэным пыщIа гугъуехь­хэр

Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и гугъу щищIым, УФ-м и Президентым жиIащ а унэтIыныгъэм сыт хуэдиз лъэпощхьэпо пымыщIами, зэрызиужьыр. Гулъытэ нэхъыщхьэ иджыпсту зыхуэщIыпхъэ гугъуехьхэм ящыщу нэхъыщхьэу щы къигъэлъэгъуащ Путиным. Ахэр: ФАП-хэм, дохутыр IэщIагъэлIхэм, хущхъуэхэм пы­щIа­хэрщ. «Урысей Федерацэм и языныкъуэ хэгъэгухэм цIыхухэм нэхъ япэгъу­нэгъу дыдэу узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр зэрыщызэхуащIыжым гу лъыдотэ, апхуэдэ амбулаторэхэр проценти 2-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ къэралым, ауэ щыхъукIэ, ФАП-хэм я бжыгъэм процент 26-кIэ хэхъуащ. ДызыхуэкIуэ зэманым ФАП 390-рэ духуэну, 1200-рэ зэдгъэ­пэщыжыну ди мурадщ. Абыхэм я бжыгъэр щагъэмэщIа хэгъэгухэм я Iуэху ­зытетыр министерствэм зэхигъэкIыну пщэ­рылъ щызощI», - жиIащ Путиным.
Абы игъэбелджылащ къуажэ нэхъ пхыдзахэм мобильнэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэкIэ зэджэ бригадэхэр зэрырапхыр. Абыхэм я бжыгъэр нобэкIэ 3800-рэ мэхъу, къэкIуэну илъэси 3-м иджыри 1200-рэ къызэрагъэпэщынущ. Жылэхэм дохутыр зэрахуримыкъум щытепсэ­лъы­хьым къэрал унафэщIым жиIащ «Земс­кий доктор» программэм ипкъ иткIэ, доху­тырхэм мелуан зырыз, фельдшерхэм мелуан ныкъуэ зырыз зэрыратыр. Ауэ къэпсэлъахэм ящыщ зы дохутырым жиIащ абыкIэ зэрызэфIэмыкIыр, къуа­жэм лэжьэну кIуэ цIыхум щыпсэун зэримыIэр. Абы и жэуапу Путиным жиIащ доху­тырхэм федеральнэ мылъкум щыщу апхуэдэ ахъшэхэр щраткIэ, щIыналъэ ­Iэтащхьэхэм ахэр псэупIэкIэ къызэрагъэпэщыныр я пщэ къызэрыдэхуэр, арыншамэ, къуажэхэм щылэжьэн зэ­рамы­гъуэтынур.
- Иджыпсту къэралыр хуэныкъуэщ доху­тыр мин 25-рэ курыт медицинэ лэ­жьакIуэу мини 130-рэ. Ар дгъэзэкIуэн папщIэ, дауи, улахуэм хэдгъэхъуэн хуейуэ аращ. Ар зэрымащIэр псоми къыхагъэщ, ауэ къэралым улахуэр щыхохъуэ, доху­тырхэм яйр мы гъэм проценти 5-кIэ хэ­хъуащ, сом мин 77-м нэсащ. Пэжщ, нэхъыбэ къыщахьыр Москарэ Санкт-Петербургрэщ, улахуэр щымащIэ дыдэ хэгъэгу­хэр щыIэщи, мис абы иужь дитын хуейщ.

ЦIыхухэр
хущхъуэкIэ
къызэгъэпэщыныр

Путиным къызэрыхигъэ­щам­кIэ, ар медицинэм щы­нэхъыщхьэ Iуэхугъуэшхуэщ, псом хуэмыдэу гъащIэр зэ­лъыта хущхъуэхэр щыIэщ. Ахэр къащэху къэрал бюд­жетымрэ щIыналъэ бюджетымрэ я мылъкукIэ. Фе­деральнэ ахъшэр, сом меларди 156-рэ, мазаем ­хэ­гъэгухэм хуаутIыпща пэт­ми, хущхъуэхэр щыгъуэ­тыгъуей щIыналъэхэр щы­Iэщ. Къэ­рал унафэщIым зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм я гъащIэр зэлъыта хущхъуэ нэхъ лъапIэхэр псори зиIэ хэгъэгухэр блы фIэкIа хъуркъым, адрейхэм ахэр къэ­щэ­хуныр, аукционхэр егъэ­кIуэ­кIыныр и чэзум яхузэ­теухуэр­къым. 
- Пэжщ, мыр тэмэму щIы­зэтрамыублэфым щхьэусыгъуэ хэхахэр иIэщ, ауэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм ягу къэзгъэкIыжыну сыхуейт ­хущхъуэкIэ цIыхухэр и чэзум къызэгъэпэщыным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр. Ухуэныгъэ ебгъэкIуэкIыныр, цIыхухэм лэ­жьыгъэ ептыныр зы ­Iуэ­­хущ, ауэ цIыхубэм я узыншагъэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэныр - нэгъуэщIщ, нэхъапэщ, - жиIащ Путиным. 

КIэрыхубжьэрыхухэм ехьэлIа
зэхъуэкIыныгъэхэр

«Мы гугъуехьыр къыщежьар дыгъуасэкъым, атIэ илъэс зытIущ хъуауэ дытопсэлъыхь. Теленэтын зан­щIэм­кIэ, Балашихэ къип­сэ­лъыкIахэм гу лъыдагъэтащ ди къэралым а мыхъумы­щIагъэм зэрызыщиубгъуам, - игъэбелджылащ Путин Владимир. - Правительст­вэм хэтхэм абы щегъэжьауэ унафэ яхуэсщIащ икIи щIыналъэ Iэтащхьэхэр хэту а Iуэхум иужь ихьащ. Къы­зэрыщIэкIамкIэ, илъэсипщI бжыгъэкIэ пхъэнкIий зэхуэтхьэсащ зыми абы и Iуэху зэримыхуэу. Иджы къэтщта программэм итщ кIэрыху­бжьэрыхухэм щелэжьыну Iуэху­щIапIэ 200 къэралым зэрыщыдухуэнур, абы сом мелард 300 текIуэдэнум и Iыхьэ щанэр къэ­рал бюджетым къыхэкIынущ, адрейр къыхалъхьэнущ хьэ­рычэ­тыщIэхэм. ФщIэн папщIэ жызоIэ: илъэс къэс кIэрыху­бжьэрыху тонн мелуан 70 щызэтрехьэ къэралым, абы иджыри къэс зыри елэжьакъым, уеб­лэмэ совет лъэхъэнэ лъандэрэ пхъэнкIий идзыпIэхэр къэнащ. Мыр Iуэху щIагъуэкъым икIи деужьэрэкIын ­хуейщ. ПхъэнкIийр зэрыдашым техуэ ахъшэм зэрыхэхъуам куэд егъэпIейтей. Ар къызыхэ­кIыр лэжьыгъэр зэ­фIэха хъу­ным ахъшэ зэрытекIуа­дэрщ. ЦIыху­хэм ахъ­шэ зыщIатым къыпэкIуэр ялъагъумэ, Iуэ­хур нэхъ тынш ­хъунущ. Мыр илъэс 20-кIэ узы­пэплъэн хуей Iуэхугъуэкъым, атIэ ди цIыхухэм псын­щIэу зыхащIапхъэмэ абы фIы къы­зэ­рыпэкIуэр.
ПхъэнкIийр дэзышынур, зэзыгъэзэхуэнур дгъэбелджылащ, ар унэр, уэрамыр, къуажэр зи нэIэ щIэт управляющэ компаниерщ, е щIы­­налъэ операторхэрщ. А тIум я зыр къыхэхыныр езы щIыналъэ Iэтащхьэхэм пщэ­рылъ ящысщIащ. Нэхъыбэм къыхахыр щIыналъэ операторхэрщ (регоператоры). Дя­пэкIэ ахэр я къалэным зэ­рыпэлъэщым си щхьэкIэ сыкIэлъыплъынущ». 

КъулыкъущIэхэм я улахуэр

«Дапщэщ къулыкъущIэ­хэмрэ къызэрыгуэкI лэ­жьа­кIуэмрэ я улахуэхэр зэхуэдиз щыхъунур», - жаIэу Путиным щеупщIым и жэуапым къыхигъэщащ, ахэр зэхуэдамэ, езыри зэрыщыгуфIыкIынур. Ауэ зэуэ къащтэрэ министрхэм, къэрал компание инхэм я унафэщIхэм я улахуэр къы­зэрыгуэкI лэжьакIуэм ейм хуэдизкIэ кIэрагъэхумэ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзы­щIыкI къулыкъущIэ ямы­гъуэтынкIэ, ахэр уней IуэхущIапIэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ лэжьакIуэ кIуэуэ, къэ­ралыр утыку къинэнкIэ зэ­ры­хъунур. «ЦIыхум и Iэзагъым, и щIэныгъэм, акъы­лым, и лэжьыгъэм къихь фIагъым хуэфэщэн улахуэ къихьу щытыпхъэщ. Ауэ, пэжщ, унафэщIымрэ лэжьа­кIуэхэмрэ я улахуэр куэд дыдэкIэ зэщхьэщыкIын ­хуейтэкъым. Сэри куэдрэ гу лъызотэ абы икIи жызоIэ. Ауэ къызгуроIуэ, къэрал компание иным игъэлажьэ IэщIагъэлI ахъырзэманым е хамэ къэрал къриша цIыху акъылыфIэм и улахуэр ебудыхкIэ, фIы къызэры­пэмы­кIуэнур. НэгъуэщI лъэны­къуэ­кIэ укъыщеплъмэ, гу лъы­зотэ, узыншагъэр хъу­мэ­ным­кIэ, егъэ­джэныгъэм­кIэ Iэ­на­тIэ­хэм я унафэщIхэм я улахуэр лэ­жьакIуэм ейм нэхърэ пщIыкIэ нэхъыбэу зыхуэзыгъэувыж зэрыщыIэми. Ар къэхъункIэ Iэмал зимыIэщ икIи дяпэкIэ ди нэIэ нэхъ тедгъэтынущ.

Сабий зыпI унагъуэхэм
ядэIэпыкъуныр
Сабий къызэрыхъуа унагъуэхэм къэралыр фIы ды­дэу дэIэпыкъуу зэтриублащ. Япэ сабийм цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зы­хуей ахъшэр ират (сом мини 10-м къыщыщIэдзауэ 11-м нэс, щIыналъэхэм щы­зэ­хуэдэкъым). Апхуэдэ ахъ­шэр зратыр унагъуэм щIэс цIыху балигъым и хэ­хъуэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм хуэдэу зырэ ныкъуэрэ мынэхъыбэмэщ. Псалъэм папщIэ, ику иту къапщтэмэ, ар сом мин 17 мэхъу, унагъуэм сом мин 34-рэ къихъуэу арамэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэ егъуэт, япэ сабийм хухэхауэ (ику иту сом мини 10). ­етIуанэ сабий унагъуэм къи­хъуэмэ, Анэ капиталыр ­хухах.
«Иджыблагъэ, Пра­ви­тельст­вэм хэтхэм сепсэ­лъащ, 2020 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ япэ сабийм папщIэ а ахъшэр зрат уна­гъуэхэм я бжыгъэр хэ­хъуэнущ. Дауэ? Уна­гъуэм щIэ­с цIыху балигъым и хэ­хъуэр­ цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зы­хуей ахъшэм хуэдэу зырэ ныкъуэ­рэ мынэхъыбэ къы­зы­Iэ­ры­хьэм ирату щытамэ, иджы цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъ­­шэм хуэ­дэу тIу нэхърэ мы­нэхъыбэ къы­зыхэхъуэ ­ун­а­г­ъуэхэ­ри ха­гъэ­хьэнущ. Уна­­гъуэм щIэс цIы­ху бали­гъитIым сом мин 23-24-рэ ­къахьу щытмэ, ар со­м мин 45-рэ мэхъу, я сабийм сом мини 10 иратмэ, ар дэIэ­пы­къу­ны­гъэ хъарзынэу къы­зо­лъы­тэ. Абы къэралым ис уна­гъуэ­хэм я процент 70-р хи­у­бы­дэнущ», - жиIащ Пути­ным.

Санкцэхэмрэ абы кърикIуахэмрэ

Къэралым щекIуэкIа къэп­щытэныгъэхэм къызэрагъэ­лъэгъуамкIэ, 2014 гъэм ще­гъэжьауэ санкцэхэм я зэранкIэ, Урысейм - доллар ­ме­­лард 50,­ Евросоюзым - доллар мелард 240-рэ, США-м - доллар мелард 17, Японием – доллар мелард 27-рэ фIэкIуэдащ. Путиным къызэрыхигъэщамкIэ, тфIэ­кIуэдаIами, ди фейдэ къы­хэкIащ, экономикэм къыщагъэсэбэп технологие лъагэ­хэр ди акъылкIэ дгъэлэжьэжу десащ, хамэ щIыпIэ  кърашхэр ди къэралым ­щащI, щагъэкIхэмкIэ зэт­хъуэкIащ, ар сом мелард ­667-рэ и уасэ мэхъу.
- Япэм ди нэгу къытхущIэ­мыгъэхьэу щыта унэтIыныгъэ куэдым нобэ дыполъэщ, - жиIащ къэрал унафэщIым. - Ар ехьэлIащ транспорт, машинэ, энергетикэ машинэ ухуэным, и гугъу тщIыххэркъым мэкъумэш IэнатIэм. Нэхъапэм доллар мелард 25,7-рэ и уасэ мэкъумэшхэкI хамэ къэралхэм етщэну ди нэгу къытхущIэгъэхьэнут? Нэгъабэ ар тху­зэфIэкIащ, 2024 гъэм ирихьэлIэу мэкъу­мэшхэкIыу тщэр доллар мелард 45-м нэдгъэсынущ.
Путин Владимир и жэуап­хэм къыхэщащ Урысейм­рэ США-мрэ я зэхущытыкIэм, Урысеймрэ Белоруссиемрэ зэгухьэжыну зэрыжаIэм, мэкъумэш IэнатIэм зегъэу­жьыным, фермерхэм ядэIэ­пыкъуным, хьэрычэ­тыщIэ­хэм я хуитыныгъэхэр хъумэ­ным, нэгъуэщIхэми ятеу­хуауэ иIэ еплъыкIэхэр.
Теленэтын занщIэм и кIэу­хыу, ар езыгъэкIуэкIа Ремезовэ Татьянэрэ Зарубин Павелрэ цIыхухэм къагъэ­хьа уп­щIэ кIэщIхэм щагъэгъуэзащ Путиныр. гушыIэуи, и фIэ­щуи жэуап пыу­хыкIахэр абыхэм ягъуэтащ. Теленэтын зан­щIэм кърикIуахэр къы­зэ­щIа­къуэжу журналист­хэр Путин Владимир хуэзэ­ри, да­къи­къи 10 хуэдизкIэ епсэлъащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.