ЖЫЛАГЪУЭМ И СЭБЭП ИРЕГЪЭКI

Республикэм и УнафэщIыр хуэзащ «Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам къахуигъэув къалэнхэр зыгъэзащIэу хэкIуэда подполковник Орехов Дмит­рий и щхьэгъусэ Ореховэ Каринэ.

Урысей жылагъуэ зэгу­хьэныгъэ пашэхэм я жэрдэмкIэ 2022 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къызэрагъэпэщащ Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетыр, 2023 гъэм и гъатхэпэм абы и къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахащ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ жылагъуэ зэгухьэныгъэ­щIэм сыт хуэдэ IуэхукIи зэ­рызыщIагъакъуэр. Комитетыр дэIэпыкъуэгъу яхуохъу дзэ  ­  Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм, абыхэм я Iуэху зыIутым щыгъуа­зэщ, къалэныр езыхьэкI зауэлIхэр зыхуэныкъуэ хьэпшып­хэр хурагъашэ, хэкупсэ, волонтёр лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI. Зэгухьэныгъэр жыджэру дэ­лэжьэнущ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр даIыгъын папщIэ къызэрагъэпэща «Хэкум и хъума­кIуэ­хэр» фондым. Абы и лэжьы-гъэм щIидзэнущ мэкъуа­уэ-­
­гъуэм и 1-м. 
«Сэ си гуауэр зэи сщыгъуп­щэ­н­укъым, ар сытым дежи си гум илъынущ. Нэпс щIэзгъэ­кIыу ­къуэгъэнапIэ сыкъуэсэнри хэ­кIыпIэу къэслъытэркъым. Щы­­Iэщ зэрыхуа щытыкIэм къы­зэрикIынур зымыщIэ цIыхубз куэд. Абы и лъэныкъуэкIэ сэри сча си япэ лъэбакъуэр егъэлеяуэ хьэлъэт. Ауэ зыгуэрым дэIэ­пыкъуэгъу узэрыхуэхъуфыр щы­зыхэпщIэкIэ, апхуэдэ IуэхукIэ зыкъыщыпхуагъазэкIэ, абы уи гуауэр нэхъ егъэужьых», - жиIащ Ореховэ Каринэ. Ар тепсэлъыхьащ комитетым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, респу­б­ликэм и зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я дежкIэ къалэнышхуэ зэригъэзащIэм, зэгухьэныгъэр икъукIэ дызы­хуэ­ныкъуэу къызэрыщIэкIам. Ап­хуэдэу къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлIхэм защIэгъэкъуэнымкIэ Къэ­бэрдей-­Балъ­къэрыр нэхъ  щIыналъэ жы­джэрхэм зэращыщыр.
Республикэм и Iэтащхьэм Ореховэ Каринэ фIыщIэ хуи­щIащ нобэ къэралми абы и цIыхухэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ мытынш зэрыригъэкIуэкIым, жылагъуэм и сэ­бэп зэрыригъэкIым папщIэ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэ зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэпыу имыIэу дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур. А Iуэхум жыджэру хэтщ республикэм щыпсэухэм ящыщ куэд. Абыхэм яхэтщ хьэрычэ­ты­щIэ­хэр, къэрал къулыкъущIапIэ­хэм, IуэхущIапIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэр, жыла­гъуэр. «Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьэ дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ яхузощI», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ