Ныбжь дахэ Тхьэм зыхуигъэфэщахэр

Къулъкъужын Ипщэ ­къуажэм щыпсэу Дыгу­лыбгъу Исуф Дул и къуэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 90 ирикъуащ.

И махуэмкIэ абы ехъуэхъуащ Бахъсэн район ад­министрацэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Къэзан Зауррэ къуажэ администрацэм  и унафэщI АфIэунэ Хьэж­мухьэмэдрэ. Абыхэм нэхъы­жьым иратыжащ УФ-м и Президент Путин Влади­миррэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ я хъуэхъу телеграммэхэр.
Исуф илъэс 50-кIэ колхозым щылэжьауэ ветеранщ. Ауэ абы и закъуэкъым, зауэ зэманми зэры­лэжьам папщIэ ветеран цIэр зэрехьэ. И щхьэгъусэ Iэсиятрэ абырэ сабиих зэ­дапIащ, зэдагъэсащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ.
Апхуэдэуи къулыкъущIэ­хэр хуеблэгъащ ПсыкIэху жылэм щыщ Бекъазы Хьэмид Ибрэхьим и къуэм. Абыи егъэлъапIэ илъэс 90 зэрыхъур. Хьэмид зэман кIыхькIэ «Баксанский плодопитомник» совхозым щы­лэжьащ, къуажэм и нэхъыжьхэм я советым хэтщ, ПсыкIэху и жылагъуэ Iуэху­хэмкIэ хузэфIэкI ещIэ. Сыт и лъэныкъуэкIи гъащIэм фIы­уэ хэзэгъауэ бынищ иIэщ.
Дэри дохъуэхъу зи ма­- хуэр зыхуагъэлъапIэ нэ­хъы­жьыфI­хэм, икIи узыншагъэ быдэ яIэну ди гуапэщ!
 

ЧЫЛАР Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.