Кавказыр зыхуэдэр наIуэ щащI

УФ-м и Къэрал Думэм СНГ-м я IуэхухэмкIэ и комитетым и къэпщытакIуэ-чэнджэщакIуэ советым хэт ­Къаскъул Аслъэн «Урысейм и Кавказыр зэвгъэцIыху» Iуэ­хур иригъэжьащ.
Абы къэрал куэд мы лэ­жьыгъэм къыхишэну и мурадщ. Аслъэн зи пашэ гуп мэлыжьыхьым и 27-м щегъэжьауэ накъыгъэм и 5 пщIондэ щыIащ Бразилиемрэ Аргентинэмрэ. Гъуэгуа-нэр зытеухуауэ щытар щIа­лэгъуалэм я Iуэхухэр къэ­лъытауэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъунырщ.
Аргентинэмрэ Бразилиемрэ я щIалэгъуалэу мы Iуэхум хэтахэм гъэщIэгъуэн ящы­хъуащ студентхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр. 
- Аргентинэмрэ Брази­лиемрэ я щIалэгъуалэ гуп Кавказ Ищхъэрэм къыт­хуеблэгъэнущ, ди проектым и лэжьыгъэр къыщызэщIэткъуэж зэхыхьэм хэтын папщIэ. Ар бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ. Кавказ Ищхъэрэр ­щIы­пIэ нэхъ шынагъуэншэ ды­­дэхэм икIи хьэщIэм пщIэ щыхуащI щIыналъэхэм язщ. НэгъуэщIу ар къызыщы­хъу­хэм пэжыр егъэлъа­гъунырщ ди лэжьыгъэр зы­хуэдунэ-тIыр, - жиIащ Къас­къул Аслъэн.
Гупыр гъуэгу техьэнымкIэ къадэIэпыкъуащ Урысейм и лIыкIуэу Аргентинэм щыIэ Феоктистов Дмитрий, Урысейм и генеральнэ консулу Сан-Паулу щыIэ Токмаков Владимир, Урысейм и консулу Рио-де-Жанейрэ щыIэ Петров Андрей сымэ.
Мы Iуэхур ягъэзащIэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ, Урысейм Нэ-гъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм я нэIэм щIэту. 
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.