ШЫНЭШЫНЭ ЩЫIЭУ, УМЫШЫНЭ

Шынэшынэм (ромашкэ) теухуа щIэныгъэм япэу ущрохьэлIэ урым тхакIуэ Плиний нэхъыжьым и лэжьыгъэхэм. Езы удз гъэгъар илъэс 4000 хуэдиз хъуауэ щыIэу къалъытэ. Мысырымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ къыщагъуэтыжащ шынэшынэр сурэту зытещIыхьа хьэпшып тIорысэхэр. Критым къыщагъуэтащ а удз гъэгъам и теплъэкIэ гъэщIэрэщIа дыщэ щхьэцхэлъхьэ. Ику ит лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ лIыхъусэжьхэм я гум къыдыхьа бзылъхугъэм иратырт шынэшынэ. Бзылъхугъэр абы къыдэкIуэну арэзы зэрыхъум и нэщэнэт, а удз гъэгъахэр хъурейуэ иблэу и щхьэцым зэрыхилъхьэр.
Шынэшынэм япэу гу лъитауэ жаIэ Колумб Христофор. Абы и хэкуу къалъытэр Америкэрщ. Пасэу щIадзащ удз гъэгъам и хущхъуэгъуэхэр яджу. Европэм шынэшынэр къыщыунэхуащ XIX лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм. Урысейм къыщрашар нэхъ иужькIэщ. Удз гъэгъар лIэужьыгъуэ 350-у зэщхьэщокI. Абы и процент 30-р Урысейм къыщокI.
Пасэрейхэм къалъытэрт шынэшынэр гуапагъэмрэ къабзагъэмрэ я нэщэнэу икIи ар Iейм текIуэу. Шынэшынэр къагъэсэбэп крем щызэхалъхьэкIэ, сабын щагъавэкIэ. Абы къыщIэгъэвыкIа псыр щхьэфэмкIэ сэбэпщ, зи щхьэц къикIхэми къагъэсэбэп. Пасэм шынэшынэм къыщIагъэвыкI псымкIэ щхьэцыр трахурт, дыщафэ дахэ къыщIагъэуэн папщIэ. 
Шынэшынэр Мысырым къыщагъэсэбэпырт сымаджэм и температурэ дэкIуэеяр ирырагъэхыу. Шынэшынэр хущхъуэхэлъхьэу къагъэсэбэпащ Гиппократ, Асклепий, Авицценэ, Гален сымэ.  ЦIыхубэ медицинэм шынэшынэм увыпIэшхуэ щеубыд. Тибет медицинэм ар къегъэсэбэп Iэпкълъэпкъыр щIалэу къэнэным и зы хущхъэгъуэу. Франджыхэм нэхъыбэу къагъэсэбэп шхалъэ узым ирипэщIэту. Франджым и дохутырхэм жаIэ тутынафэхэмрэ кофекIэ ерыщхэмрэ шынэшынэм къыщIэгъэвыкIа псы щIэх-щIэхыурэ ефэн хуейуэ. Шынэшынэм ипс йофэ зи щхьэ уназэрейхэри. Тэмакъыр щыузкIэ ибгъэжыхьми сэбэп мэхъу. 
Бадзэуэгъуэм и 8-м Урысейм щагъэлъапIэ унагъуэм, лъагъуныгъэм, пэжыгъэм и махуэр. Абы и дамыгъэ нэхъыщхьэщ шынэшынэр.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.