«Урысей Федерацэм и субъектхэм я къулыкъущIэ нэхъыщхьэхэмрэ гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ я лэжьэкIэр къызэралъытэ щIыкIэм и IуэхукIэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа Указым республикэм и щIыналъэм щыгъэзэщIэным теухуауэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа зэIущIэм щIэсащ КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я Iэтащхьэхэр.
Стратегие мыхьэнэ зиIэ документым къыщыгъэува къалэнхэм япкъ иткIэ иджыпсту зэхалъхьэ щIыналъэхэм щалэжьыну Iуэху пыухыкIахэр, 2024 гъэм нэсыху ахэр къызэралъытэну методикэхэр, апхуэдэу УФ-м и Правительствэм а Iуэхухэм папщIэ хиха федеральнэ грантхэмрэ бюджет зэхуаку трансфертхэмрэ зэтрагуэшэну хабзэхэр.
Къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ экономикэм бюджетым химыубыдэ и IэнатIэхэм хъерышхуэ къызыпэкIуэ лэжьапIэщIэхэр къыщызэIухыныр, бизнесым и IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэхэм я бжыгъэхэм хэгъэхъуэныр, цIыхухэм я щIэныгъэр къэIэтыныр, псэупIэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ ухуэныр лэжьапщIэр нэхъыбэ щIыныр, капитал нэхъыщхьэм къыхузэщIагъэуIуэ инвестицэхэр гъэбэгъуэныр, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ иджырей автомобиль гъуэгухэмрэ гъуэгу зэхэкIыпIэхэмрэ зегъэубгъуныр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Б. М., КъБР-м ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр Къуныжь В. Хь., КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий М. Б., КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Асанов А. О. сымэ къапсэлъахэм едэIуа нэужь, республикэм и Iэтащхьэм жиIащ: «ИпэжыпIэкIэ ахэрщ дяпэ илъэс зыбжанэкIэ къэралым и социальнэ экономикэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу щытынур икIи дэтхэнэ щIыналъэми а Iуэхухэр зэрыщызэфIагъэкIыфыр унафэщIхэм я лэжьэкIэр къэзыгъэлъэгъуэнур. Мыбдеж псом япэу гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ лэжьыгъэм и фIагъыр къызэралъытэ щIыкIэми, методикэ, отчёт зэмылIэужьыгъуэхэми, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Ауэ а бжыгъэ гъущэхэм дыщеплъкIэ къыдгурыIуэн хуейщ абыхэм я купщIэр зыхуэдэр. А псоми IэхъуэгъуэтегъэкIыу демыплъу, япэ идгъэщын хуейщ бжыгъэхэр зытещIыхьа Iуэхухэр».
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм я унафэщIхэм ящIыгъуу хэплъащ жылагъуэхэм дэлъ къабзагъэм, республикэм и жылагъуэхэр зэблэу къыхэмыкIыу псыкIэ къызэгъэпэщыным, мэкъумэш щIапIэхэр уэм щыхъумэным пыщIа Iуэхухэм. КъБР-м и Правительствэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ хуагъэуващ ахэр зэфIэгъэкIыным текIуэдэну ахъшэм и хэкIыпIэхэр яубзыхуну.