УЛЬБАШЕВ IЭДЭМ И ЕТIУАНЭ УВЫПIЭ

 Каспийск къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Ар еплIанэу ирагъэкIуэкIащ Суракат Асиятилов и фэеплъу. Мыбы хэтащ илъэс 21-рэ нэхъ мынэхъыжь спортсмен 200-м нэблагъэ. Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къищынэмыщIауэ, Белорусым, Ираным, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Армением къикIа бэнакIуэхэри щымэщIакъым.

         Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъ гупым фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ ди спортсмен Ульбашев Iэдэм. Зы текIуэныгъэ закъуэщ хуримыкъужар япэ увыпIэр къихьын папщIэ. Мэзкуу областым щыщ Амиров Албэч къытекIуэри, Iэдэм апхуэдэ щIыкIэкIэ етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.