ЗЫ ЩIЫ IЫХЬЭ ДЫТЕСАТЭМЭ…

ЩIыр нобэ зэрытцIыхум хуэдэу щытакъым нэхъапэм. Илъэс мелуани 175-рэ ипэкIэ абы зы щIыналъэ закъуэрэ зы хышхуэрэ тетауэ аращ. Е ЩIым и купщIэр къикъуэлъыкIыурэ щхьэфэр къызэгуитхъа, е вагъуэиж къытехуэурэ зэгуиуда, хэт ищIэрэ, ауэ а щIыналъэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэгуэтхъщ,  зэлъыпыIукIуэтыжри, щIышхуэу 6-рэ (Евразие, Америкэ Ищхъэрэ, Америкэ Ипщэ, Африкэ, Антарктидэ, Австралие) хытIыгу мин 500-рэ жиIэу зэпкърыщэщащ.

Пэжу, картэм щIыналъэу илъыр зэхуэпхьэсыжу къызэщыбгъэхъурэ, компьютеркIэ зэщыбгъэкIуэтэжмэ, хьэкъущыкъу къутар зэрызэхуахьэсыжым хуэдэу зэжьэдоувэ. ЩIэныгъэлIхэм а пасэрейм щыIа щIыналъэ закъуэм Пангея фIащащ, абы ихъуреягъым ит хышхуэм – Тетис.

Иджы ди нэгу къыщIэдгъэхьэнщ а щIызэгуэтхъыр къэмыхъуарэ, ЩIыр къызэригъэщIа дыдэм хуэдэу нобэм къэсатэмэ, ди гъащIэр зэрыхъунур.

Псом япэрауэ, дунейм хьэкIэкхъуэкIэ лIэужьыгъуэу тетым фIыуэ кIэрыхунут. Дыгъэр зэхуэмыдэу зытепсэ щIыналъэхэм я  климатыр зэхуэдэкъыми, щIыIэмрэ хуабэмрэ хэпсэукI псэущхьэхэр зэхуэмыдэу, лIэужьыгъуэ щхьэхуэу къыщIигъэщIыр аращ. Нэхум, хуабэм, щIыIэм, жьапщэм, уэмым, кIэщIу жыпIэмэ, щIыуэпсым и щытыкIэм елъытащ псэущхьэхэм я теплъэмрэ генхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, Пангеем и кур гъущэу, къэкIыгъэр щымащIэу, уеблэмэ къуму щытынут, псым зэрыпэжыжьэм къыхэкIыу. ЩIыналъэ закъуэр ЩIым и зы джабэм зэрытетым къыхэкIыу, ди планетэм и кIэрэхъуэкIэри, зэманыр зэрыпабжыкIри  нэгъуэщIу щытынут.

Абы и закъуэкъым, псыми зэхъуэкIыныгъэшхуэ иIэнут. Псом япэрауэ, жьапщэр етауэ, абы хы закъуэр кърихуэкIыу, псы Iуфэр кIэщI-кIэщIурэ псыдзэм ихьу, хьэпщхупщыр къумым ису щытынут.

Мыр Iуэху еплъыкIэ джафэ мыхъуу, археологием къитIэщIа Iуэхугъуэщ. Эволюцэр къызэрекIуэкIам щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуа пэжщ.

ИкIэм иджыри зы пэж: Пангеер щIыналъэ закъуэу къэнатэмэ, цIыхур зэи къэунэхунутэкъым. Пэжщ, дунейм тетынут хьэпщхупщ зэхуэмыдэхэр, шэ къызыщIэкI псэущхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ, ауэ цIыхур зыхэпсэукIын, зыхэхъукIын климат зэи щыIэнутэкъым. Философхэм жаIэ ар зэрыхъун хуейм хуэдэу хъуауэ.

Хьэуэ, цIыхур къэунэхунут, гъащIэри щыIэфынут, жызыIэнухэм папщIэ зы гупсысэ: фи нэгу къыщIэвгъэхьэт цIыхухэр зы щIыналъэм тесу, политикэри, экономикэри, щыIэкIэ-псэукIэри зыуэ, абыкIэ мыарэзыхэм здэIэпхъуэн щIыпIэ ямыIэу, зэгурымыIуэрэ зы щIы Iыхьэм щызэрыукIыу…

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.