ГЕОРГИЙ ЩИХЪЫМ И ОРДЕНЫР ЗЫХУАГЪЭФЭЩА АДЫГЭЛIХЭР

1769 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м (иужькIэ дыгъэгъазэм и 9-м ядзыжащ), Георгий щихъым и махуэм ирихьэлIэу,  пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ къаублауэ щытащ Георгий щихъым и орденыр яту. Дызэрыщыгъуазэщи, офицерхэр зэрагъэлъапIэ дамыгъэхэм я нэхъыщхьэ дыдэр аращ. Ар зрату щытар зауэм лIыгъэкIэ къыхэщхьэхукIа, къэралым хуэщхьэпэн чэнджэщ зыта офицерхэр, генералхэр, дзэпщхэр  арат. 

Георгий щихъым и орденым нагъыщиплI иIэщ. Орденым и япэ нагъыщэр зиIар цIыху 25-рэ хъууэ арат, Урысей пащтыхьыгъуэм и саугъэт нэхъыщхьэ дыдэу къалъытэ – Андрей Великомученникым и орденыр – цIыху миным щIигъум щратам. ИкIи Георгий щихъым и орденым и нагъыщиплIри зыхуагъэфэщар цIыхуиплI къудейщ! Ахэр Голенищев-Кутузов М., Барклай-де-Толли М., Паскевич-Эриванский И., Дибич-Забалканский И. дзэпщ-фельдмаршалхэращ. Дызытепсэлъыхь орденыр къэпхьэхуну гугъу дыдэт, икIи абы и мыхьэнэр зэрыиным щыхьэт тохъуэ ар  зыхуагъэфэщахэмрэ абы и щIэблэмрэ дяпэкIэ уэркъхэм хабжэу зэрыщытар.  
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIащ а саугъэт лъагэр зыхуагъэфэща лIы куэд. 
Георгий щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр

Кърымыр урысей Пащтыхьыгъуэм къыхэгъэхьэжынымкIэ 1787 - 1791 гъэхэм екIуэкIауэ щытащ Урыс-Тырку зауэр.
Урысейм и телъхьэу а зауэм хэтащ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ я уэркъ мини 5. Зауэ губгъуэм щагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ адыгэлI зыбжанэм офицер цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщауэ щытащ, поручикым деж къыщыщIидзэу, подполковникым щиухыжу. А къэбэрдеидзэм я пашэт Горич зэкъуэшитIым я зыр. Иванышхуэрэ Иван цIыкIурэ тIури генералт, ауэ ахэр зыщыщ лъэпкъым щхьэкIэ нобэ балъкъэрхэри, къумыкъухэри, осетинхэри, къэбэрдейхэри зодауэ. Ауэ тIуми Георгий щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр хуагъэфэщауэ щытащ Урыс-Тырку зауэм щагъэхъа лIыгъэм папщIэ. 
Орден лъапIэр япэ дыдэу зрата муслъымэныр ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (бей) къэбэрдеипщырщ.  I790 гъэм дыгъэгъазэм и II-м Измаил тырку быдапIэр къэзакъ полкым къыщащтам щыгъуэ абы къигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ полковник цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщауэ щытащ. Исмэхьил и адэм щIыгъуу I764 - I77I гъэхэм Бахъшысэрей щыIащ икIи I775 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжауэ щытащ. Ар Кърымым, Тыркум щыщыIам тэтэрыбзэри, тыркубзэри, хьэрыпыбзэри ищIэрт. Урысейм зыгъэкIуари и адэрщ. 
Езы Исмэхьил зэрыжиIэжамкIэ: «Си адэм и унафэкIэ, сэ си гур хыщIэу, си хэкур къызэзнэкIри, Урысейм сфIэмыфIу сыкIуащ, уеблэмэ абыхэм я хабзэхэри си хьэрэм къысфIэщIырт. Зэман куэд дэкIащ сэ абыхэм я бзэр схузэмыгъащIэурэ, бзэр зэрызмыщIэм къыхэкIкIэ сэ абыхэм я хабзэхэри, я гъащIэм щаIэ щытыкIэхэри, я хьэл-щэнри къызгурыIуэртэкъым». Исмэхьил зауэлI хахуэу зэрыщытар IупщIу къыхощыж урыс тхыдэм. ДэнэкIэ сыт хуэдэ зауэ щымыIами, сыт хуэдэ быдапIэ къамыщтами, псоми хэтт. Псалъэм папщIэ, абы къыдэIэпыкъуу щытащ дзэпщ Потёмкиныр. ХьэтIохъущокъуэр абы елъэIурт зауэ здэщыIэм иунэтIыну. Потёмкиным Екатеринэ ЕтIуанэм тхыгъэкIэ зыхуигъазэрти, адыгэ щIалэ хахуэр зэуапIэм яунэтIырт. Апхуэдэ жардэмри пщIэншэ хъуакъым – I790 гъэм Суворовым Измаил быдапIэр къыщищтэм, абы Исмэхьил щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр къратащ. 
Хэкум ХьэтIохъущокъуэр къызэрыщацIыхуу щытар Исмел Псыгъуэщ, ауэ езым и цIэм «бей» псалъэр пигъэувэу щытащ, цIэрэ щхьэрэ зэриIэр къигъэлъагъуэмэ фIэфIу. Исмэхьил сытым дежи къыдэIэпыкъуу щыта Потёмкиныр I79I гъэм дунейм ехыжауэ, ХьэтIохъущокъуэм хэкум къыщигъэзэжым Кавказым щыIэ урысыдзэхэм Къэбэрдейм щрагъэкIуэкI политикэмкIэ мыарэзыуэ цIыхухэм зыкъаIэтауэ кърихьэлIэжащ. Хуитыныгъэмрэ хабзэмрэ япэ изыгъэщ адыгэхэм урыс унафэхэр къащтэн ямыдэу зэщIэхъееныгъэ лъэщ къызэрагъэпэщат. А зэщIэхъееныгъэм и телъхьэт Тыркури Персиери. Урысхэм я бийуэ зыкъэзыIэтахэм нэхъ жыджэру яхэтыр ХьэтIохъущокъуэхэти, къэхъуари къэщIари зымыщIэу зи хэку къэсыжа Исмэхьил, дауи, и лъэпкъымрэ Къэбэрдеймрэ я телъхьэу къэуващ, Iуэхум и пэжыпIэм щымыгъуазэми. I795 гъэм щыщIидзэм  Исмэхьили, абы и къуэш майор Адэлджэрии, ХьэтIохъущыкъуэ Хьэмырзи ягъэтIысри, Екатеринославскэ губернэм яшащ, урысыдзэм къулыкъу щащIэнкIэ дзыхь яхуэпщI мыхъуну къалъытэри. 
Исмэхьил къытехьа лейр къызыпкърыкIауэ къилъытэр, езым зэритхыжамкIэ, къеиж, къэзылъагъу мыхъу пщыхэрат. ЛIыхъужьыр илъэсихкIэ исащ хьэпсым, Александр Езанэр пащтыхь хъуа нэужь амнистие къыдигъэкIыху. Къэбэрдеипщхэмрэ Екатеринэ и дзэзешэ Гудовичрэ напэншагъэ къыкIэлъызэрахьащ Исмэхьили, Адэлджэрии, Хьэмырзи. ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил хьэпсым къикIыжа нэужь Урысейм дэлэжьащ полковник цIэр зэрихьэу, и хэкумрэ пащтыхьыгъуэмрэ зэрызаужьыным хуэунэтIауэ. 

1812 гъэм екIуэкIа Хэку зауэ
 И IуэхущIафэкIэ, лIыгъэкIэ а зауэм къыхэжаныкIахэм ящыщщ Бэджыдэ Адэлджэрий (чыристан диныр къищта нэужь Давыд Григорьевич цIэр къыфIащащ). Урысей пащтыхьыгъуэмрэ Франджымрэ я зэхуаку дэлъа зауэм къыщигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, илъэс 36-рэ хъу къэбэрдей уэркъ, подполковникым I8I5 гъэм фокIадэм и I9-м къратауэ щытащ Георгий   орденым и 4-нэ нагъыщэр. ИужькIэ, Бэджыдэм генерал-майор цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ. 
А зауэ гуащIэм зыкъыщигъэлъэгъуат кIэмыргуей уэркъ, тэтэр шууей полкым и подполковник, Кърымым щыпсэу адыгэ Болэтокъуэ Къэйбей (Кирилл Матвеевич). I8I2 гъэм дыгъэгъазэм и 3I-м абы къратащ Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр икIи генерал-майор хъуху дзэм къулыкъу щищIащ. 
Къэйбей и адэшхуэм и адэр кърым-тэтэрыдзэм хэту и лъэпкъэгъухэм – къэбэрдейхэм – езэуэжауэ щытащ, Къэнжал зауэм щыгъуэ. Къэбэрдейхэм кърым-тэтэрхэр зэтраукIа нэужь, кIэмыргуей уэркъым Кърымым зыщигъэпщкIужащ I709 гъэм. Арами, Болэтокъуэр Кърымым финансхэмкIэ и министр хъуащ, и къуэрылъху Мэмэтбеи (Къэйбей и адэр) абы и лъагъуэм ирикIуэжат. И адэжьхэм хаша лъагъуэм ирикIуащ  Къэйбейри – Кърымыр Урысейм гухьа нэужь чэнджэщэгъу, иужькIэ генерал-майор цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.