ЖЬЫКIЭФЭКIЭМ Я КЪАРУР ЗЫХЭЛЪЫР

Хъыбар

Зы унагъуэ гуэр къалэм къиIэпхъукIыжри, къуажэм дэтIысхьэжат. Къуажэр псы  Iуфэм Iуст. Абыхэм къыздашэжат зи ныбжьыр хэкIуэта бзылъхугъэ. Нанэр жьы дыдэ хъуат. Ар пасэм мы унэм щыпсэууэ щытащ, ауэ куэд щIащ абы лъандэрэ. И къару къимыхьыж щыхъум, и закъуэу имыгъэпсэун папщIэ, и пхъум къалэм ишэжат. Фызыжь цIыкIум ишх щIагъуи щыIэтэкъым, и лъакъуэхэр ерагъыу зэблихыу арат, щыгъупщэхи хъуат. Абы и иужьрей махуэхэр и унэжьым щигъэкIуэну щIэхъуэпсырти, ар зэхащIыкIри, и пхъумрэ и малъхъэмрэ  къашэжауэ арат. Сыти жыIи илъэс 90-м нэсат. Зэщхьэгъусэхэм къуажэм щыIэ гугъуехьхэр къатехьэлъэми, зыхуагъэшэчырт, нанэр дунейм ехыжмэ, и гуэныхь къамыхьу,  къыщалъхуа щIы кIапэм щыщIалъхьэжыну.

Къуажэм кIуэж гъуэгур кIыхьт икIи гугъут, ауэ нанэм псори зыхуигъэшэчащ. Жылэм цIыху куэд дэсыжтэкъым, тыкуэным унэсын папщIэ километрищкIэ укIуэн хуейт, абыи щIэлъ щIагъуэ щыIэтэкъым. Сытми, а щым псэун щIадзащ. ЛIым бдзэжьей къиубыдырт, цIыхубзым хадэ хищIэрт, щIымэракIуэ, Iэгъэбэгу, шейудз зэхуихьэсырт. Жьы дыдэ хъуа хьэмэмымрэ кхъуафэжьеймрэ зэрагъэпэщыжащи, къагъэсэбэп.

Япэ махуэхэм нанэр щхьэгъубжэм къыIумыкIыу Iусащ, и нэгъуджэ Iувхэр зыIуилъхьэрти,  набдзэгубдзаплъэу пщIантIэр зэпиплъыхьырт. ИтIанэ и цы вакъэхэр къигъуэтыжщ, лъитIагъэри, баш цIыкIу иIыгъыу дэкIуеипIэм нэс кIуэурэ абдеж тесын щIидзащ. Абы къесауэ зы джэду гуэр къакIуэрти, хъурейуэ зишыхьыурэ и куэщIым игъуалъхьэрт. Дыгъэр абыхэм гуапэу къатепсэрт, бзухэм уэрэд кърашырт, псым тес бабыщхэр къаджэрт, жыпIэнуракъэ - тхъэгъуэт.

Куэд дэмыкIыу нанэр хуэм цIыкIуурэ пщIантIэм къыдыхьэ хъуащ. Цы вакъэ инышхуэхэр кърилъэфэкIыу дэтт. Зымахуэ псы Iуфэм нэс кIуат! Абы тес бабыщхэм щIыкхъуэ щыкъуей яхутрипхъэурэ игъэшхащ. Нанэр зыуэ насыпыфIэти! Языныкъуэхэм деж ар и пхъум кхъуафэжьейм иригъэтIысхьэурэ къришэкIырт, къунтхыр къыщищти щыIэт. Зы бдзэжьей къиубыдмэ, и джэду гъэфIэным хуихьырт.

Апхуэдэурэ гъэмахуэри, бжьыхьэри, щIымахуэри кIуащ. Иджы нанэр хуабэ дыдэу хуэпауэ, пырхъуэм къытетIысхьэрти тест, абдеж жыхъапхъэкIэ трипхъэнкIыкIырт, джэдур и кIэм ищIауэ пщIантIэм къаущыхьу дэтт. Ар нэхъыфIу шхэ хъуат.  Хьэмэмыр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. И пхъум игъэпскIырти, тхъуэплъ хъужу къыщIэкIыжырт. Апхуэдэурэ зы илъэсым адрейр къыкIэлъыкIуащ.

ИлъэсихкIэ псэужащ иджыри нанэр. А зэманым ар зытет дунейр фIэдахэу, фIэIэфIу, иIэ псомкIи арэзыуэ екIуэкIащ. Псэуащ мыпIащIэу, пщэдджыжь хьэуар и бгъэм щызу ишэу.

Куэдым я нэхъыжьхэр зыхуей хуагъэзэн ягугъэу ахэр я лъапсэм ираш, абыхэм дэнэ щащIэн зи жьы хъугъуэм и унэжьым нэхъ тыншыпIэ зэримыIэр. Мы нанэр абы и щыхьэтщ.

Интернетым къитхащ.

Сурэтыр Мангилевэ Еленэ ейщ.

ЗэзыдзэкIар ЩОМАХУЭ Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.