ТыIэщхэ я унагъуэ дахэр

Я лэжьыгъэм пщIэ къахуихьауэ, я унагъуэм щапхъэ трахыу, жылэдэсхэм я гъуазэрэ щIэблэм я лъагъуэхэшу Лашынкъей къуажэм дэсхэм ящыщщ ТыIэщхэ Хьэсэнрэ ФатIимэрэ я унагъуэр. Илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм я гъуэгум и къежьапIэ хъуар курыт еджапIэрщ, къызэранэкIа илъэсхэри щагъэкIуар аращ.

Урысей Федерацэм Егъэ­джа­кIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэ­су игъэнэхуа 2023 гъэм я цIэр къипIуэну, я пщIэр пIэтыну яхуэфащэщ ТыIэщхэ Хьэсэнрэ ­ФатIимэрэ я уна­гъуэм - щIэс псори егъэджакIуэщ, гъэсакIуэщ, унэтIакIуэщ. Езыхэр апхуэдизкIэ насыпыфIэу, зэгу­рыIуэрэ-зэ­дэIуэжу, зым Iэпы­хур адрейм къищ­тэжу зэдопсэу, зэдолажьэри, дуней псом щапхъэу щыбгъэлъагъуэ хъунущ. 
Я гъащIэр зэрырагъэжьам хуэ­дэущ къызэракIур ТыIэщхэ къызэранэкIа илъэс­хэр. Хьэсэн Лашынкъей курыт еджапIэр къи­уха нэужь, КъБКъУ-м и физико-математикэ къудамэм щIэ­тIысхьэри, физик IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ, 1972 гъэм Къулъ­къужын Ипщэ дэт курыт еджапIэ №2-м егъэджакIуэу ягъэ­кIуащ. А школым и 10-нэ классым щеджэрт Iэхъуэбэч ФатIимэ. ЕгъэджакIуэ щIалэмрэ школакIуэ пщащэ Iущымрэ апхуэдэу зэрыцIыхуа хъури, илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу унагъуэ яухуащ. 
Хьэсэн илъэситIкIэ Къулъкъу­жын Ипщэ щылажьэри, езыр къы­щалъхуа къуажэм къигъэ­зэжащ, 1975 гъэм школым и уна­­фэщIым и къуэдзэу ягъэуващ. 1976 гъэм щегъэжьауэ 1987 гъэ пщIондэ Лашынкъей курыт еджапIэм и унафэщIу лэжьащ щIалэр. ИужькIэ районым ягъа­кIуэри, Шэджэм щIыналъэ ад­министрацэм ЦIыхубэ егъэ­джэныгъэмкIэ и къудамэм и Iэ­тащ­хьэу щытащ. А илъэсхэм къриу­быдэу ТыIэщым и жэрдэмкIэ, сабий 540-рэ зыщIэхуэ курыт школ Лашынкъей щащIащ икIи 1995 гъэм фокIадэм и 1-м къызэIуахащ. 
А илъэсым щыщIэ­дзауэ 2012 гъэ пщIондэ школыщIэм и уна­фэщIу лэжьащ лIы щыпкъэр. Лэ­жьыгъэкIэ къимыкIуэту, цIы­хугъэкIэ гумащIэу, хьэлкIэ зэ­пIэ­­зэрыту, унафэкIэ ткIийуэ­ пэ­рытащ Хьэсэн и къулы­къум. Илъэс бжыгъэ куэдкIэ школыр зыхуей хуэзэу, егъэджа­кIуэ­хэр къыхуэарэзыуэ, ныбжьыщIэхэр къыфIэлIыкIыу зэрихьащ абы еджапIэр. Гъэсэныгъэри егъэджэныгъэри зэ­­хуэдэу щызэтеубла IуэхущIапIэр нэхъыфIхэм хабжэрт. Абы къыщымынэу, зэпеуэхэм хэтурэ пашэныгъэхэр къахь зэпытт, абы къыпэкIуэмкIэ школым и мылъку-техникэ лъабжьэр ирагъэфIакIуэрт. Къулыкъу зыбжанэ зэрихъуэкIыну къыхуихуами, Хьэсэн сыт щыгъуи зи ужь итар къыдэкIуэтей щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтынырщ, къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу пэ­ры­тынырщ, щIэуэ къежьэмрэ фIыуэ къигупсысымрэ IэнатIэм хипщэнырщ. Хьэсэн Iуэхум и ­пIалъэ зэрищIэм, егъэджэныгъэ зэтеухуэкIэм зэрыхуэIэзэм, IэнатIэм и щэху псоми зэры­щыгъуазэм фIыщIэрэ щыт­хъуу къыпэкIуэр мащIэтэкъым, зи унафэщI еджапIэм щIэлъ хабзэм, лэжьыгъэм, зэгурыIуэм я фIыгъэкIэ адрейхэм сыт щыгъуи къахэщырт. 
Зыпэрыта Iуэхум хуищIа хэлъ­хьэ­ныгъэр гулъытэншэу къэнакъым ТыIэщ Хьэсэн. 1984 гъэм абы къыхуагъэфэщащ ­«РСФСР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник» дамыгъэ лъапIэр, 2002 гъэм «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ.
Илъэс куэдкIэ псэ хьэлэлкIэ зэрылэжьам, къыдэкIуэтей щIэблэр егъэджэным, гъэ­сэ­ным гуащIэ ин зэрыхилъхьам папщIэ зэрагъэлъэпIа  щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ лъапIэ­хэмрэ куэд мэхъу. Лэжьыгъэм и ветеран, Лашынкъей къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, Шэджэм ­щIыналъэм и Жылагъуэ советым хэт ТыIэщ Хьэсэн и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу тIысыжами, и Iэр зэтедзауэ щыскъым, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ, чэнджэщрэ дэIэпыкъуныгъэрэ хуэныкъуэу къыбгъэдыхьэхэр зэи игъэщIэхъуркъым, и уна­гъуэ дахэр игъэбжьыфIэу я жьантIэм дэсщ. 
И щIалэгъуэ лъандэрэ щхьэгъу­сэ гумащIэу, лэжьэгъу гумызагъэу, бзылъхугъэ щыпкъэу къы­декIуэкI ФатIими и цIэр куэд­рэ фIыкIэ къраIуэу пэрытщ и лэ-жьыгъэм. Ар иджыри библиотекэм и унафэщIу щолажьэ Лашынкъей дэт, Хьэгъэжей  Джонсон и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м. Курыт школыр «5» защIэкIэ, ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Налшык дэта пед­училищэр диплом плъыжькIэ къэзыуха бзылъхугъэр сыт хуэ-дэ Iуэху пэрыхьэми фIы дыдэу ­игъэзащIэущ къызэрекIуэкIыр. И щхьэгъусэм зы мэскъалкIи зы­къыкIэримыгъэхуу, унагъуэ­ри зэ­рихьэу, сабийхэр зыхуей хуи­гъазэу 1977 гъэ лъандэрэ и IэщIагъэм пэрытщ. 
Абы щегъэжьауэ ФатIимэ щIэ­ныгъэ-егъэджэныгъэ Iуэхум зэи хуэщхьэхакъым, 1995 гъэ хъуху программэм и лей егъэджэныгъэм пэрыту 1-нэ курыт школым щылэжьащ. Къыхэпха IэнатIэм жэуаплыныгъэ пхэлъу упэрытын, цIыхур къызэрыпщыгугъыр зэ­фIэбгъэкIын зэрыхуейр псом япэ иригъэщ зэпытщ. 
Егъэджэныгъэм къыдэкIуэу, щIа­лэгъуалэр гъуэгу ­захуэ ­тегъэувэным, чэнджэщ щхьэ­­­пэ етыным, хабзэм ­тету гъэ­­сэным, пщIэ, нэмыс яхэлъ­хьэ­ным ипэ зыри иригъэщыркъым. КъыдэкIуэтей щIэблэр екIуу игъэсэнымкIэ сэбэп къы­хуохъу егъэджакIуэ IэщIагъэм къыдэкIуэу езыри анэу зэрыщытыр. БыныфI бгъэ­сэ­нымрэ щIэблэ Iущ къыпщIэхъуэнымрэ насыпышхуэу къэ­зылъытэ бзылъхугъэм и лэжьыгъэм къалэн куэд щызэ­дехь жы­пIэмэ, ущыуэнукъым. Ар ­хуабжьу ирогушхуэ и гъэсэнхэм ехъу­лIэныгъэ гуэр зыIэрагъэхьамэ, иригъэджахэм IэщIагъэлI нэс, цIыху зэпIэзэрыт къахэкIамэ. Ди республикэм и закъуэ мыхъуу, нэгъуэщI къалэшхуэхэми зи цIэр фIыкIэ къыщраIуэ IэщIагъэлI нэсхэри яхэтщ Фа­тIимэ и еджакIуэу щытахэм. 
«Ди дежкIэ нэхъыщхьэр ебгъэджар ба­лигъ хъуауэ, цIыху зэпIэзэрыту, гъа­щIэм лъэ быдэкIэ хэу­вауэ плъагъунырщ, ар къыббгъэдыхьэрэ гуапэу сэлам ­къуихмэ, абы нэхърэ нэхъ фIыгъуэрэ хъеррэ егъэджакIуэри гъэсакIуэри ­хуейкъым, - жеIэ ФатIимэ. - Абы къегъэлъагъуэ унэтIакIуэм игъащIэ лъандэрэ зыпэрыт Iэ­натIэм гуащIэу, зэману, ­къа­рууэ хилъхьар псыхэкIуа­дэ зэрымыхъуар. ЦIыхум уа­зэ­рыхуэупсэфым, уазэрыдэгуэшэфым, уазэрыдэIэпыкъуфым хуэдиз пщIэи щыбогъуэтыж ди IэщIагъэм. Псом япэу, ар, зэрыжысIащи, уи еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэмрэ къып­хуащI гулъытэмрэщ. ЕтIуанэрауэ, уи лэжьыгъэм къыпэкIуэ фIы­щIэрщ. Ди курыт школым и уна­фэщI КIэбышэ Заремэ зэи зыри гулъытэншэ ищIынукъым, ди Iуэхухэр зэрыкIуэтэным иужь иту, гупыр зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу ­игъэлажьэу, сыт хуэдэ Iуэху къет­хьэжьэми, и нэIэ къыттригъэту апхуэдэщ.
2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэ­тIакIуэмрэ я илъэсу зэрагъэувар а IэнатIэм пэрыт дэтхэнэ зым дежкIи лъапIэщ. Ди ­къуажэми дахэу къыщызэIутхащ а илъэсыр, пшыхь екIуи къы­зэрагъэпэщащ Лашын­къей ­къуажэ администрацэмрэ Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэмрэ. ШколитIми щылажьэ егъэджакIуэхэр къызэхуашэсри, я гур хагъэхъуащ, я нэгу зрагъэужьащ. Къуа­жэдэс интеллигенцэм апхуэдэ гулъытэ ща­гъуэтым деж нэхъыбэжым трагъэгушхуэу аращ». 
ФатIимэ жыджэру и IэнатIэм зэрыпэрытым, республикэм и егъэджэныгъэ Iуэхум хэлъхьэ­ныгъэ ин зэрыхуищIым папщIэ ди лъахэми, Шэджэм щIыналъэ­ми, Лашынкъей ­къуажэми я уна­фэщIхэм къабгъэдэкI щIыхь, щытхъу тхылъ куэд къыхуагъэ­фэщащ. Абыхэм ящыщщ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Дунейпсо Артийскэ комитетым ­игъэхьэзыра медалри нэгъабэ къызэрыратар. «Урысейм и гу­гъапIэ» урысейпсо бзылъхугъэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу иджыблагъэ  ЩIыхь тхылъкIэ ягъэ­лъэ­пIащ. Къэралпсо мыхьэнэ зи­Iэ апхуэдэ тыгъэр узыщыгуфIы­кIынщ. 
ФатIимэ и лэжьыгъэ нэхъыщ­хьэм къыдэкIуэу, Лашынкъей къуажэм дэс ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэми хэтщ, хузэфIэкI къимыгъанэу и гуащIэ, акъыл, къару хелъхьэ жылагъуэ лэжьыгъэм. Абы и унафэщI, ­КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие и жьауэм щIэту лажьэ бзылъхугъэхэм гу зылъамы­тэу зы Iуэхугъуи благъэкIыркъым. Къуажэм къыщыхъу-къы­щыщIэхэр зэи лъэныкъуэкIэ къа­гъанэркъым, закъыхуэзыгъа­зэхэми я лъэIур хуащIэ. 
- Къуажэм дэс зи Iуэху хуэ­мы­щIахэрщ нэхъыбэу ди нэIэ зытетыр, - жеIэ ФатIимэ. - Зыгуэрым лъэIукIэ зыкъытхуигъэзамэ, е дэ хуэныкъуэIауэ къэтщIамэ, зэгухьэныгъэм хэтхэр дызочэнджэщри, тхузэфIэкIымкIэ за­щIыдогъакъуэ, ди къару къимыхьрэ - къыддэIэпыкъун къы­до­гъуэт. Ди къуажэм дэсщ мылъку зыбгъэдэлъ щIалэ хъар­зынэхэр. Зи сомым щымысхьу зыкъытщIэзыгъакъуэ дэтхэнэми, нэхъыбэжу Тхьэм къахилъхьэж. Апхуэдэхэм Iуэхухэр къыд­даIыгъ, икIи хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ зэи къикIуэтыну­къым. Псалъэм къыдэкIуэу жы­пIэмэ, бынунагъуэшхуэхэм школ щIэтIысхьэжыгъуэхэм деж дадоIэпыкъу, сабийр школым зэ­рыкIуэн щыгъын е щеджэкIэ ­къагъэсэбэпын хьэпшыпхэр къахудощэху. Къыхэгъэщыпхъэщ апхуэдэ гуэр къэхъуамэ, псом япэу къыткъуэувэ, Лашын­къей къуажэ администрацэм и унафэщI Хьэгъэжей Хьэсэн. Мы щIалэм фIыщIэ хуэфащэщ къетхьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхури къызэрыддигъэпсынщIэм щхьэ­кIэ. 
ТыIэщхэ Хьэсэнрэ ФатIимэрэ я лэжьыгъэм къыщалэжьа пщIэм гъуни нэзи иIэкъым, зы тхыгъэми къыщыпхузэщIегъэубыдэ­ну­къым. Апхуэдиз ехъулIэныгъэм я нэхъыщхьэр, дауи, зэдаухуа унагъуэ насыпыфIэрщ. ГъэщIэ­гъуэнракъэ, адэ-анэм я IэщIагъэр къыхахыжащ щIалитIми, щхьэгъусэу къыхахари а IэщIагъэм пэрытхэщ. 
ЩIалэ нэхъыжь ФуIэд курыт школыр дыщэ медалкIэ, ­КъБКъУ-м ИнформатикэмкIэ и факультетыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Абы лъандэрэ зы махуи хущIемыгъуэжауэ и IэщIагъэм пэрытщ. Жэуаплыныгъэ ин хэлъу, и адэм и пщIэр иIыгъыу къыщIидзэри, IэщIагъэм и щэху псори зригъэщIащ. ЩIалэ дыдэу и цIэр фIыкIэ Iуащ ФуIэд, компьютерхэр къуажэ школхэм къыщагъэсэбэпын щыщIадзам, зэрыригъаджэм хуэдэурэ, егъэджакIуэхэри а Iуэхум хуигъэсащ. Илъэс 18-кIэ Лашынкъей дэт 2-нэ школым щригъэджащ, иджы Налшык къалэ дэт школ №7-м щолажьэ, унафэщIым и                  къуэдзэщ. 
ФуIэди и IэщIагъэм фIыуэ зэ­рыхищIыкIым папщIэ «УФ-м егъэ­джэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. 
ЩIалэ нэхъыщIэ Адмири егъэджакIуэщ, КъБКъУ-р къызэриухрэ я къуажэ курыт школым ОБЖ-мрэ физкультурэмкIэ егъэ­джакIуэу щолажьэ. Игъа­сэ цIыкIухэр район, республикэ ­зэпеуэхэм хэту, пашэныгъэхэр къыщахьу апхуэдэщ. Егъэджа­кIуэ нэсым къыхуащI пщIэр, игъа­сэ сабийхэм къыхуаIэ фIэ­лIыкIыр гъунэншэщ. 
Адэ-анэ гумызагъэм ягъэса бын щыпкъэщ ФуIэдрэ Адмир­рэ. ЩIалитIми я щхьэгъусэхэ-ми хуэфэщэну ирахьэкI я лэ­жьыгъэри унагъуэ къалэнхэри. ФуIэд и щхьэгъусэ Зуридэ курыт школым епхауэ лажьэ «Нур» сабий гъэсапIэм и унафэщIщ. Адмир и щхьэгъусэ Лариси гъэсакIуэу  а  сабий садым щола­жьэ. НысащIэхэм я IэщIагъэм фIыуэ хащIыкIыу, щIэщыгъуэ гуэр зэрыхалъхьэным иужь иту, район, республикэ зэпеуэхэм хэту, сыт щыгъуи я цIэр фIыкIэ къраIуэу апхуэдэщ. 
Хьэсэнрэ ФатIимэрэ я лъэр щIэзыгъэкIыр я къуэрылъху-хэрщ, нэхъыжьым къуищ иIэщ, абыхэм ящыщу зыр студентщ - Урысейм и МЧС-м Граждан ­зы­хъумэжынымкIэ и академием щоджэ, адрейхэр школакIуэщ. 
Адмир хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ иIэщи, школакIуэхэщ, щIэныгъэм я гур хузэIухауэ ап­хуэдэщ къуэрылъхухэр. Къуа­жэм дэс сабийхэр зыгъасэ, езыгъаджэ унагъуэм къыщыхъу щIэблэм хуэдэ гъуэтыгъуейщ. Адэшхуэ-анэшхуэхэм я жыIэм едаIуэрэ адэ-анэр я щапхъэу къохъу ТыIэщхэ я къуэрылъху цIыкIухэр. 
Унагъуэ насыпым и щэхур зыгъэунэхуа ФатIимэ, ар зы­хэ­лъымкIэ дыщеупщIым къы­джи­Iащ: «Унагъуэм ис цIы­хухъум пщIэ хуэщIын хуейщ, абы жиIэм  уедэIуэныр псом ящхьэщ. На­сыпым лъабжьэ хуэхъур зэгу­рыIуэныгъэрауэ къызолъытэ сэ. Дуней фIыгъуэр уиIэми, узэгурымыIуэмэ, зыри и мыхьэнэкъым». Лэжьыгъэм зэрыпэрыувэрэ зэдэлэжьащ зэщхьэ­гъу­сэхэр. Абы жэуаплыныгъэ нэ­хъыби я пщэ къыдилъхьэрт, ауэ зыкIи зэран къахуэхъуа­къым. Акъыл гъэтIысарэ хьэл зэ­­пIэзэрытрэ зиIэ Хьэсэнрэ абы и псалъэр тIу имыщIу бгъэдэт бзылъхугъэ Iущымрэ гъуэ­гуанэ насыпыфIэ къызэда­кIуащ. Нэхъыщхьэращи, уна­гъуэри, лэ­жьыгъэри зэхуэдэу зыхуей ­хуа­гъэзащ. Хьэсэн и гъащIэр лэ­жьыгъэм иритащ жыпIэмэ, ущыуэ­нукъым. ЕтIуанэ махуэм къыпэщылъ лэжьыгъэм хуэмыхьэзыру ар зэи гъуэлъу ­жеякъым. Бзылъхугъэм дежкIэ нэхъ гугъу хъунщ лэжьыгъэри унагъуэри зэдэпхьыну, ауэ, щхьэгъусэм, анэм, унэгуащэм я къалэнхэми, и лэжьыгъэми пэлъэщу апхуэдэщ ФатIимэ. А тIум япэ ирагъэщыр дэтхэнэ­рами  ущеупщIкIэ,  къыбжаIэфынукъым ТыIэщ зэщхьэгъусэхэм, апхуэдизкIэ я IэнатIэм хуэпэжщи, унагъуэр я псэм хэлъщи. 
2023 гъэм Шэджэм район администрацэм къыбгъэдэкIыу Ты­Iэщхэ я унагъуэм дамыгъэ лъапIэ къыхуагъэфэщащ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу илъэс куэд щIауэ зэрызэдэпсэум папщIэ. Унагъуэ лъапIэныгъэхэр яхъу­мэу, къыхаха IэщIагъэм хуэпэжу, щIэблэ узыншэ къащIэ­хъуэу, ахэр нэхъыжьхэм яхуэфащэу гъащIэм хагъэувэу иджыри куэдрэ щыIэн Тхьэм ищI ТыIэщхэ Хьэсэнрэ ФатIимэрэ я унагъуэ дахэр! 

НэщIэпыджэ Замирэ, 
Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.