ХЬИД МАХУЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭУ

Муслъымэн псоми зэдай НэщIикIыж хьид махуэ лъапIэр дэтхэнэ адыгэ унагъуэми, жылэми хуэдэу щаIэтащ Лэскэн районым хыхьэ Урыху (Къугъуэлъкъуей) къуажэм. Пщэдджыжь дыгъэпсым къыдэуша къуажэдэсхэр фIы гуэрым пэплъэрт, Iуэху дахэхэр етIуанэ курыт еджапIэм и стадионым зэрыщызэхашэм теухуауэ ипэкIэ хъыбар кърагъэщIати. 

Абы екIуэлIэн ипэкIэ, къуажэкIэм щыщIадзэри, машинэхэр дэкIуеящ къуажапщэм нэс, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъуэгубгъум я нэгум гуфIэгъуэр кърихыу щеувэкIа сабий цIыкIухэм IэфIыкIэ зэрылъ хъуржынхэр иратурэ. 
ЩIыIэнэщI удзыпцIэм батут джэгупIэхэр щегъэувэкIат, бжьэхуц IэфIхэр, морожнэхэр куэду щагуэшырт, щIалэхэм Iэнлъэ инхэмкIэ япщэфIа шхыныгъуэхэр зэIэпахырт. ЖыпIэнурамэ, кIыхьу ягъэува Iэнэшхуэм цIыхухэр Iухьэ-IукIт, дэтхэнэми игу ирихьын шхын къыщигъуэту. 
ЩIалэ балигъхэр гъуэгуанэ кIыхькIэ къызэдэжащ, япэ увипIищыр къэзыхьахэм яхъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ (япэм сом мин 15, етIуанэм - 10, ещанэм - 5). Апхуэдэуи ахэр IэпщэрызэпекъукIэ, кIапсэ зэпекъункIэ зэпеуащ, сабий цIыкIухэр метри 100-кIэ къызэдэжащ. КхъуейплъыжькIэрыщIэм дэпщеину хуейуэ зезыгъэтхахэм псоми я чэзур щаухар жэщыр хэкIуэтауэщ. Абыхэми я гугъуехьыр ахъшэ саугъэткIэ ялъытащ. 
Къуажэдэсхэр гуфIэгъуэ зэхыхьэ, нэгузегъэужьыпIэ нэхъ зэрыхуэныкъуэр псоми дощIэ. Хуэзэшауэ, пэплъауэ жыпIэ хъунут ахэр гуфIэгъуэ Iуэху, цIыхухэр щызэрылъагъуну зэхуэзышэсари щхьэусыгъуэфIт. Гукъеуэ куэд щыщыIэ зэманым ар псынэпс щIыIэ яхуэхъуащ цIыхухэм. Сабийхэм я закъуэтэкъым ар зи IутIыжыр, псори щыгуфIыкIырт муслъымэн махуэ лъапIэм, абы ирихьэлIэу цIыкIухэми инхэми яхузэфIэкIам, къэкIуэнум фIыкIэ ущигъэгугъыу махуэр зэрыугъурлым.  
Зы цIыхуми, цIыхуитIми я цIэ къыпхуиIуэнукъым мы Iуэху гуапэр зэхэзышам и гугъу щыпщIкIэ. Ар я IэрыкIщ мэжджытым екIуалIэ жэмыхьэтым я деж къыщыщIэдзауэ къуажэ унафэщIхэм, зи жылэр фIыуэ зылъагъухэм, къыщалъхуа щIыпIэм и къэкIуэнум гудзакъэ хузиIэхэм, мылъку зыбгъэдэлъу абы псапэ хэзыщIыкIыну хуейхэм я деж щыщIэкIыжу. ГуфIэгъуэ зэхыхьэ щIэтщIын щхьэусыгъуэ, ди сабийхэр дгъэгуфIэн папщIэ гукъыдэж, абыхэм ди Iэр къыпезыгъэкIуэкIын зэфIэкIрэ узыншагъэрэ зэи Тхьэм дыщимыгъащIэкIэ! 

 

 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ