Хэхэс адыгэхэм я джакIуэ

Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зэрихьэу Черкесск къалэм дэт                      Къэ­­рал лъэпкъ библиотекэм щагъэлъэпIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ   щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я жур­налист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамрэ жылагъуэ лэжьа-    кIуэ цIэрыIуэм теухуа «Мухамед Хафицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья» тхылъыр дунейм къызэрытехьамрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Респуб­ликэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я интелли­генцэр, КъШР-м и Iэтащ-хьэм и Администрацэм, Правительствэм, ­районхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ХьэфIыцIэм куэд щIауэ и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу а ­щIыналъэм исхэр щызэхуэса пшыхьыр ­гуапэу, дахэу екIуэкIащ.
КъБР-м щыщу зэIущIэм ирагъэблэгъат «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ цIэрыIуэ Ацкъан Руслан, филологие щIэ­ныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, Къэбэрдей-­Балъкъэрым  Гуманитар къэ­хутэ­ны­гъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ЗекIуэрей Аслъэн, Голландием ­къикIа профессор Хьэткъуэ Фатхьи сымэ. 
Лъэпкъ библиотекэм щагъэува дапхъэхэм щызэхуэхьэса сурэтхэм, газетхэм, тхылъхэм, тхыгъэхэм псалъэншэу наIуэ пщащIырт Хьэ­фIы­цIэм и гъащIэмрэ и творчествэмрэ купщIафIэу зэрыщытыр, лъэпкъ Iуэхумрэ хэхэс гъащIэмрэ егъэ­фIэкIуэныр, адыгэр зэригъэу­Iу­жы­ныр и гуращэу зэрыпсэур. 
ЗэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Лъэпкъ библиотекэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Мамтэ Майе. Абы къыхигъэщащ дуней псом щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд теухуауэ ­къы­­дэкIа тхылъым КъБР-мрэ КъШР-мрэ нэхъри зэрызэришалIэр, республикитIым я зэпы-          щIэ­ныгъэхэр гъэбыдэным Мухьэ­мэд и гуащIэ куэд щIауэ зэры­хилъхьэр. 
АдэкIэ псалъэ иратащ зэIущIэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа, Урысейм ис Адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ ­федеральнэ автономием и уна­фэщI, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Уэхъутэ Александр. Абы къыхигъэщащ ХьэфIыцIэ Мухьэ-мэд и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьы-   гъэ куэдым я нэхъыбэр хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпыщIэжыным зэ­ры­триухуар, ди къэралым и хэ­гъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щып­сэу ди лъэпкъэгъухэри нэхъ гъу­нэгъу зэ­хуэхъуным Мухьэмэд нобэр къыздэсым зэрытелажьэр. 
- Къалэн пыухыкIа мы дунейм щызыгъэзащIэ цIыхушхуэщ Мухьэ­мэд, - къыпищащ адэкIэ ЩIДАА-м   и вице-президент, филологие щIэ­ныгъэхэм я доктор, профессор Бэ­чыжь Лейлэ. - Мы дунейм адыгэу тетыр зэ­пызыщIэжыфа цIыхум гушхуэ кIуэ­цIылъщ. И IэщIагъэм хуэпэжу ­къы­щIэкIа цIыху Iущщ нобэ дгъэ­­лъапIэр. Ар къигъэсэбэпри, лей зытехьа, къэрал зэмылIэужьы­гъуэ­хэм мащIэ-мащIэурэ ипхъа адыгэр зэригъэуIужыну иужь      ихьащ ар и щIа­лэгъуэм. ИкIи къе­хъулIащ. Къэ­рал куэдым щыцIэ­рыIуэ тхакIуэ, сурэ­тыщI, композитор, спортсмен, уэ­рэджыIакIуэ дапщэ дигъэцIыхужа, хэхэс гъащIэр ­  зи натIэ хъуа адыгэ дапщэм я гур ­хэкум къы­хуигъэу­шыжа?! Ахэр псалъэ ­къудейкъым, атIэ дэфтэркIэ щIэгъэбыда пэжщ. 
КъШР-м щэнхабзэмкIэ и министр Бэрокъуэ Рэмэзан жиIам къыхигъэщащ адыгэ щэнхабзэр хъу­мэ­ным, Кавказ Ищхъэрэм илъ лъэпкъ зэхущытыкIэр егъэфIэ­кIуэ­ным, ди Хэкум зегъэужьыным ­теу­хуауэ ­Му­хьэмэд куэд зэрызэф­Iи­гъэкIар, адыгэхэми, абыхэм я гъу­нэгъу лъэпкъхэми я дежкIэ мыхьэ­нэш-   хуэ иIэу. 
Филологие щIэныгъэхэм я док-тор, профессор БакIуу Хъанджэрий жиIащ Мухьэмэд 1965 гъэ лъандэрэ зэриныбжьэгъур, куэдрэ гъуэгу зэрыдытетар, лэжьыгъэ IуэхукIи уна­гъуэкIи быдэу зэпыщIа-уэ къы­зэрызэдекIуэкIыр. 
- Зым хуэIэзэр щэм хуэIэзэщ,     жаIэ Мухьэмэд хуэдэхэм щхьэкIэ. Сыту жыпIэмэ, абы зыхимыщIыкI щыIэу къыщIэкIынкъым, и IэщIагъэкIи куэдым хунэсащ. ЛъагапIэшхуэ щиубыдащ абы адыгэ журналистикэм, Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм, хамэ къэралхэм щып­сэу­хэм яфIэгъэ­щIэгъуэну щIаджыкI и Iэдакъэ­щIэкIхэр. Апхуэдэу тхылъ гъэщIэгъуэнхэр игъэхьэ­зыращ, газет зэмы­лIэужьыгъуэхэр къыдегъэкI. 
ХьэфIыцIэм и къарур Iуэху зыбжанэм тригъэкIуадэ щхьэкIэ,            псоми я лъабжьэу къэплъытэ ­хъунущ ­щIыналъэ куэдым ипхъа ­хъуа, нобэ лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм яхэп­сэукI адыгэ щэнхаб­-  зэр къызэщIэ­къуэжыныр, зегъэу­жьыныр,  ады­гэ­бзэр  хъумэныр. 
Мухьэмэд дипломатышхуэщ. Апхуэдэ хьэл дахэри сэбэп хъуащ ­  ди хэкумрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиу­быдэ къэралхэмрэ ныбжьэгъу зэхуэхъунымкIэ, СССР-м, УФ-м я Iулыджыр къэIэтынымкIэ, хамэ ­къэ­ралхэм щыпсэу ди къуэшхэм ­гулъытэ къыхуегъэщIынымкIэ, - къыхигъэщащ БакIуум.
«Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къул Фирдаус къы­щып­салъэм жиIащ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд дэлъху пэлъытэ хуэ­хъуауэ илъэс куэд лъандэрэ зэры­зэ­дэлажьэр. 
Фирдаус и псалъэхэм къыпищэу, Мухьэмэд къехъуэхъуащ «Ногай ­давысы» газетым и редактор нэхъыщхьэ Атуовэ Алтынай. 
Адыгэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэ­рыIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр ­къы­зэгъэпэщыным жэрдэмщIа-кIуэ ­хуэхъуа Хьэткъуэ Фатхьи къы­хигъэщащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ­хэкур, Кавказыр, Урысейр зыгъэдахэ   цIыху щыпкъэу, адыгэ лъэп-къым и щхьэр лъагэу езыгъэлъа­гъуж къуэ пэжу зэрыщытыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Гума­нитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэ­ныгъэ ­ин­ститутым и лэжьакIуэ ­Хъуажь Фахъри:
- 1971 гъэ лъандэрэ дызэныб­жьэгъущ ХьэфIыцIэм сэрэ. Куэд зыщIэм куэд хужаIэ. Нэху щыху дыпсалъэми, Мухьэмэд хужытIэн дгъуэтынущ. Ар зэрыжурналист Iэзэр зымыщIэ мыбдеж щIэс­-    къым. Ауэ нэхъыщхьэ дыдэу сэ ­дэслъагъур япэ лъагъуэхэшу хэ-    хэс адыгэхэм зэрахыхьарщ. Абы къы­щымынэу, диаспорэм зэман жы­жьэм зэрызапищIар иригъэ­фIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ иджыри къыздэсым. Ахэр зэригъэцIыхуу, ­зэпищIэу, хэкумкIэ ­къригъэблагъэрэ, къигъэ­хъуапсэу ап­хуэ­дэщ. Мухьэмэд ­хэкупсэщ, лъэп­къыпсэщ. Апхуэдизу лъэп­къыпсэщи, ­дунейм фIыгъуэу те­-  тыр ады­гэхэм яхуигъэщхьэпэну ­хущIокъу. 
Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Даур            Жэ­хьфар къыхигъэщащ Мухьэмэд хуэдэ къуэ зыбжанэ лъэпкъым иIэмэ, ар зэрыхэмыкIуэдэжынур, абы и зэфIэкIыр зэрыиныр, и къэухьыр зэрыкуур, а псори адыгэм Iэрыхуэу къыхуигъэсэбэпыфу дунейм зэрытетыр. 
УсакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Псы­хэмыхьэ Мусэ:
- ЩIалэ дыдэу щIидзауэ Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд и къалэмыпэр жану егъэлажьэ, губзыгъагъэ хэлъу, фIэщхъуныгъэ иIэу лъэпкъ Iуэхум пылъщ. ХьэфIыцIэм акъыл жанрэ щIэныгъэ куурэ зэриIэр наIуэ пщи­щIу апхуэдэщ и дэтхэнэ Iэдакъэ­щIэкIми. Пэжыр жызыIэфыр лIы-гъэ иIэрэ цIыху къабзэу дунейм тетращ. Мухьэмэд апхуэдэщ. 
Ди лъэпкъ тхыдэ уардэр икIи ­гуауэр дунейпсо утыкум изыхьа­-   хэм ящыщщ ар. Дауэ апхуэдэ цIыхум фIыщIэ зэрыхуумыщIы-нур?! ЖэрдэмщIакIуэ лъэщу щыткIэрэ, абы гулъытэ хэха яхуещI ­Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, нэгъуэщI лъахэхэм щыпсэу и лъэпкъэгъухэми. «Адыгэ псалъэ» газет купщIафIэм тригъэкIуадэ зэманымрэ къарумрэ-щэ?! Апхуэдэ дыдэу гуащIэшхуэ ­хелъхьэ «Черкесское зарубежье», «Нарт», «Хасэ» газетхэр къыдэгъэкIыным.
КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и адыгэ къудамэм и унафэщI ЩакIуэ Мусэлий:
- Хэхэс адыгэхэм ятеухуауэ Му­хьэмэд къигъуэтыфамрэ къитIэ­щIыфамрэ зыхузэфIэкIа нобэкIэ диIэкъым. Хэкупсэ нэсу къэхъуа къэхутакIуэм и тхыгъэхэмкIэ дегъэцIыху Мысырыр, Тыркур, Щамыр, Иорданиер, Израилыр, Ливаныр, Франджыр, нэгъуэщI къэ­ралхэри зэрыгушхуэу а щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр. Адыгэ дунейр зэгъэ­у­Iужыным хуэлажьэ цIыхущ Му­хьэ­мэд. Ар ныбжьэгъугъэкIи, хьэ­лэ­лагъкIи згъэунэхуащи, хуэдэ цIыху гъуэтыгъуейуэ жысIэфынущ. 
«Ди нэхъыжьым пщIэшхуэ хуэфащэщ, къэлъытэгъуейщ абы и зэ­фIэкIым и инагъымрэ и лэжьыгъэр зэрыщхьэпэмрэ. Си дежкIэ на-сыпщ Мухьэмэд и щIыбагъ сыкъы­дэту ­гъащIэ гъуэгуанэ къызэ­рыс­кIуар, ­ар иджыри си япэ зэритыр», - къыхигъэщащ Ацкъан Руслан. 
ЗэIущIэм и кIэухым псалъэ зрата ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи дяпэкIэ и мурадхэмкIэ ядэгуэ-    шащ. 
Пшыхьым кърихьэлIат Сирием къикIыжа щIалэщIэ, Черкесск дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ кол­леджым щеджэ Щауэжь Нарт. Абы и IэдакъэщIэкIхэр - шыкIэпшынэ, пхъэ вакъэ, пхъэ тIаркъэ - тлъэ­гъуащ а пщыхьэщхьэм. Нарт и пшынэ еуэкIэм зэIущIэм хэта псори дихьэхащ. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ ­Шэрджэс Iэсият, КъБР-м и Музыкэ театрым и солист, КъШР-м и цIы­хубэ артист Шумахуэ ХьэзрэIил сымэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.