ПщIэ хэIэтыкIа фхудощI!

Налшык къалэ дэт къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм щагъэлъэпIащ ХьэрычэтыщIэхэм я урысейпсо махуэр. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрэдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек, КъБР-м и ­Правительствэм и Унафэ­щIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Мурат, министрхэр, Парламентым и депутатхэр, икIи, дауи, гуфIэ­гъуэр зейхэр - хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ куры­тымрэ пэрытхэр. Хьэ­ры­чэтыщIэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек.

- Экономикэм лъагъуэ щып­хыпшу уи Iуэху зэтебгъэувэныр - ар ехъулIэныгъэ инщ икIи гугъуехьышхуэ зы­пылъщ. КъыжыIапхъэщ ди республикэм ис хьэ­рычэ­тыщIэхэм я нэхъыбэр хьэ­лэлу, зэфIэкI яIэу, жэуап­лыныгъэ яхэлъу, зыпэрыт IэнатIэм и мыхьэнэр къагурыIуэу зэрыщытыр. Нобэ къызэхуэсахэм пщIэ хэ­IэтыкIа фхудощI ди щIыналъэм ерыскъы, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд зэ­рыщывгъэхьэзырым, псэу­ныгъэм егъэщIылIа Iуэхухэр зэфIэхынымкIэ дэIэпы­къуэгъу фызэрыхъум папщIэ. Мы зэманым фэ куэдкIэ фэлъытащ экономикэм ­зедгъэужьыным теухуауэ диIэ мурадхэр къыдэхъу­лIэныр. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу гурэ псэкIэ ефхьэкI фи лэжьыгъэр ди Къэ­бэрдей-Балъкъэрым хуабжьу къызэрыхуэщхьэпэнур, - жи­Iащ КIуэкIуэ Казбек. 
КъБР-м и ЩIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ ди республикэм и экономикэм и зыужьыныгъэм хьэлъ­хьэ­ныгъэшхуэ хуэзыщIа хьэ­ры­чэтыщIэхэр. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Хьэ­рычэтыщIэм и махуэр гъэ­лъэпIэным теухуа уна­фэм 2007 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м Iэ щIидзауэ щытащ. Абы лъандэри мыпхуэдэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI, яху­зэ­фIэкIахэм хоплъэж, къалэныщIэхэр ягъэув. Я ехъу­лIэныгъэхэм щыхьэт те­хъуэ видеотеплъэгъуэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зэIущIэм щагъэлъэгъуащ. 
Къызэхуэсахэм папщIэ концерт ятащ ди республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфа­кIуэ цIэрыIуэхэм. 

 

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.