ГУГЪАПIЭФIХЭР ЩЫIЭЩ

Мэкъумэш  IэнатIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм гъатхэ вэн-сэным зыхуагъэхьэзыр.

ЩIыналъэ унафэщIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, мы гъэм гектар мин 223-рэ хасэн хуейуэ къапэщылъщ. Гъатхасэр къызыхуэтыншэу кърахьэлIэн папщIэ псом ящхьэу щIыгъэпшэрхэмкIэ зыкъызэгъэпэ­щын хуейщ: ар къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм зыпащIэ, уасэмкIэ зэгуроIуэ. Куэдыр зэ­рыщыгъуазэщи, щIыгъэпшэрхэм я уасэр зэрыдэкIуеяр мэкъу­мэшыщIэхэм къате­хьэ­лъащ. Мэкъумэш техникэр, жылапхъэхэр лъапIэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, зэрызащIигъэкъуэнур хэкIыпIэ яхуэхъуну узыгъэгугъэщ. 
Псалъэм папщIэ, Май щIыналъэм и мэкъумэш предприятэхэм ящыщ зым, гъатхасэм нэмыс щIыкIэ, трактору, комбайну, нэгъуэщI мэкъумэш ­техникэу 60 зэригъэпэщыжыну къалэн зыщищIыжащ. Зэрыф­щIэщи, Май щIыналъэм и СХПК-хэр республикэм щынэхъыфIхэм хабжэ. Абыхэм сэ­къат зыгъуэта техникэр зрагъэпэщыж къудей мыхъуу, зы илъэси къанэркъым а яIэм щIэрыщIэу къыхамыщахуэу: куэд щIакъым гъатхасэм къахуэсэбэпыну трактору 5 къы­зэращэхурэ.
Къапщтэмэ, ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, къэралыр я дэIэпыкъуэгъуу, трактори 100-м щIигъу къащэхуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я зыужьыныгъэм хуэгъэпса къэрал проектым хиубыдэу ди республикэм сом мелуан 72,87-рэ къыIэрыхьэнущ. Ар нэхъыбэу тегъэщIащ хадэхэкI, гъавэ жылапхъэфIхэр къэщэхуным, щIым елэжьы­ным. ЗыдэIэпыкъунухэм яхэтщ мэкъумэш IэнатIэ инхэри, ику итхэри, цIыкIухэри, мыпхуэдэ лэжьыгъэм тэмэму бгъэдэт уней хьэрычэтыщIэхэри.

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ