СУИТ И ГЪУЭГУР

Инджылызыр археологхэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр зэпымыууэ щрагъэкIуэкI щIыпIэщ. ЛIэщIыгъуэ куэдым и щэхухэр къыщатIэщIыж, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я блэкIа жыжьэхэр къыщаугъуэеж абы и щIым. Инджылызым и торф шэд цIэрыIуэхэми къэхутэныгъэ телъыджэхэр щызэпыуркъым.
1970 гъэм Суит РаймондкIэ зэджэ лэжьакIуэр щIымахуэ пщэдджыжь гуэрым торф шэдым кIуащ, а махуэр дунейпсо тхыдэм хэувэну хуимыгъэфэщэххэу. Удзрэ къуацэкIэ зэщIэкIа, псыIагъ зэрызыщIашэ кIэнауэ кIыхьыр игъэкъабзэу, и белыпэр зы быдэ гуэрым щыжьэхэуэм, къуацэ-чыцэ гуэрым и лъэхъц быдэу къыфIэщIу, къыхитIыкIыну и ужь ихьащ. АрщхьэкIэ, щIыр игъэкъабзэри, пхъэбгъу быдэ гуэр къыщIэщащ. Суит къыгурыIуащ илъэс минищэхэм зэтрихьа шэгуарцэм (торф) и щIагъым хъума щыхъуа пхъэбгъур къызэрыгуэкIыу щытынкIэ Iэмал зэримыIэр. Пхъэбгъум зы тыкъыр къыгуищIыкIри, зыщылажьэ IуэхущIапIэм и унафэщIым деж ихьащ. УнафэщIым хуигъэфэщащ пхъэбгъум тхыдэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къыщIэкIыну. Шэд гуарцэр къыщIэхыныр пIалъэкIэ къызэтригъэувыIэри, пхъэбгъум щыщ тыкъырыр археологхэм яхуригъэхьащ.
Пхъэбгъу тыкъырыр Iэрыхьащ Кембридж университетым и щIэныгъэлI, профессор Коулз Джон. Абы куэд щIауэ иджырт шэдхэм къыщагъуэтхэр. Пхъэбгъу тыкъырыр иджри, егъэлеяуэ ныбжьышхуэ зэриIэр жиIащ. Езыр шэдым кIуэри, иджар къыщагъуэта щIыпIэр къызэхиплъыхьащ. Абдежым щригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щыхьэт техъуащ, шэд гуарцэ щIагъым къыщIэща пхъэбгъу лъэгур щащIым къызэрагъэсэбэпар пхъэмрэ мывэмрэ къахэщIыкIа, илъэс мини 5 е нэхъыбэж зи ныбжьыну пасэрей Iэмэпсымэхэр.
ЩIымахуэм гугъут шэд гуарцэр къэптIэщIыжыну. Коулз гъэмахуэр къихьэным пэплъащ, шэдым экспедицэ ишэн папщIэ. Дунейр хуабэ хъуа нэужь, Коулз студент гуп и гъусэу Сомерсет графствэм кIуащ. Профессорымрэ и гъэсэнхэмрэ шэд гуарцэ щIагъым щыIэ пхъэбгъухэр хуэсакъыурэ къатIэщIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр ауэ пхъэбгъу къудейтэкъым, атIэ пхъэм къыхэщIыкIа ухуэныгъэ гуэрт. Ауэрэ къахутащ зищIысыр: гъуэгурыкIуэхэм къагъэсэбэпу щыта пхъэ лъэмыж пасэрей дыдэт. Пхъэбгъум и къыгуэудахуэхэм щыщ Кембридж ирагъэхьащ, лабораторэм щыкIэлъыплъыну. Радиоуглерод IэмалымкIэ къахутэри, пхъэбгъум и ныбжьыр шэчыншэу зэхагъэкIащ – илъэс мини 6 хъурт. Абы къикIырт шэдым деж дуней псом щынэхъыжь дыдэ, цIыхуIэм ищIа гъуэгу къызэрыщахутар. Археологхэм абы фIащащ «Суит и гъуэгу», япэу гу лъызытам и цIэкIэ.
Илъэси I0-м къиубыдэу, Коулз Джон Суит и гъуэгур иджащ. Экспедицэхэр ишэрт, къэхутэныгъэхэр ятхырт, хьэпшып къагъуэтхэр лабораторэм ирагъэхьырт.
Археологхэм шэдыр щIащыкIащ икIи къахутащ а щIыпIэр нэхъапэхэм къамыл куэду щыкI псыпцIэу зэрыщытар.
Гъуэгу-лъэмыжыр къызыхэщIыкIа пхъэм апхуэдиз зэман кIыхьыр пэлъэщатэкъым, фIы дыдэу хъума хъуат - щIэуэ яухуам ещхьт, и фэр кIуэдатэкъым. Шэд гуарцэм пхъэр щихъумащ дунейм и къэхъукъащIэхэм. Пхъэбгъур мыгъуу, зэпкърымыщэщу, мыфу къызэтринащ, бактериехэми ящихъумащ.
Археологхэм пасэрей пхъэ гъуэгур икIыхьагъкIэ къыщIагъэщыжри, ахэр зэгуэр гуэлым лъэмыжу тезыгъэзэгъауэ щыта пасэрей цIыхухэм я псэукIар джыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. КъыщынэмыщIауэ, къахутащ илъэс 6000 ипэ Инджылызым сыт хуэдэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэм ущрихьэлIэу щытами. КъызэрахутамкIэ, пасэрей пхъэ гъуэгур щаухуэм къагъэсэбэпат нэхъапэхэм а щIыпIэм къыщыкIыу щыта жыг лIэужьыгъуэу I0. Пасэрей цIыхухэр мэз гъэкIынымкIэ Iэзэу зэрыщытари къигъэлъагъуэрт абы.
Гъуэгур щащIым нэхъыбэу къагъэсэбэпар жыгейрэ кIейрэт. Жыгхэр къраупщIыкIырт, къудамэхэр пахырт, пхъафэр трахырти, жыг лъэдийр пхъэбгъуурэ зэпахырт. Гъуэгум бгыкъу щIыкIэ иIэт, и гъуэгубгъухэр папцIэу. Абы и гущIыIум пхъэбгъухэр телъыжти, псым уризэпрыкI хъурт. Пасэрей цIыхухэр пхъэбгъу гъуэгу Iузэм щызэпрыкIкIэ я Iэм IэщIэлъ хьэпшыпхэр яIэпыхуурэ гуэлым щыхэхуэ щыIэт. Абы щыхьэт тохъуэ Суит и гъуэгум и Iэгъуэблагъэм къыщагъуэта хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Нэхъыбэ дыдэу къагъуэтар щтаукI пIащIэхэрщ. Археологхэм къызэрахутамкIэ, абыкIэ жыгхэмрэ псыпцIэ къамылымрэ ирыпахырт.
Щтаучым нэмыщI, археологхэм къагъуэтащ пасэрей джыдитI, щтаучымрэ гагатымрэ (мывэ лIэужьыгъуэщ) къыхэщIыкIауэ.
Пасэрей гъуэгужьым деж къыщагъуэта псори дунейпсо щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэхъуащ. Суит и гъуэгур ди зэманми археологхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ я нэIэ щIэтщ. КъатIэщIмэ, дунейпсо тхыдэм щхьэхуэу хэувэну щэху куэд абы иджыри ехъумэ.

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.