БЭЛЪТОКУ- Хэдэ! Раянэ къищэхуа бэлътокухэр, пшынэм ещхьу, зэтригъэжауэ, Фаизэ и пащхьэм щегъэсыс. Хъыджэбзхэр шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу, «ПцIащхъуэ абгъуэ» тыкуэным щIэлъэдауэ арати, гъатхэ дыгъэм къыхэувэжауэ, псапэ зэIэпах. - КхъыIэ, сэри зы бэлътоку къызэт! - цIыхубз макъ къоIу. Нэм къыфIэмынащэу, тыкуэн бжэIупэм деж удз гъэгъахэр щызыщэ нанэр гуфIэурэ къахудоплъей. - Уэри хэдэ! - игъащIэ лъандэм ицIыхуам ещхьу щогуфIыкI абы Раяни, и бэлътокухэр хуеший. - СыгушыIэу аращ, фи адыгэбзэм сехъуэпсауэ. Куэдщ, куэдщ! Ажэгъуэмэхэр мэкIуэд жысIэри, сыкъыдэкIуеящ нобэ къалэм. Иджы мыр къэсщтэху сигу укъэкIынущ, си хъыджэбз! ИIэ, фэри си ажэгъуэмэхэм щыщ зы Iэрамэ къыхэфх! - Мыхэр уи хадэм щыбгъэкIыу ара, нанэ? - Фаизэ ажэгъуэмэ щIыхухэм яхоплъэ. - Хьэуэ, тхьэ! Мэз лъапэм къыщыстIащ. «Псори къэдгъэщэху!» - и ныбжьэгъум и тхьэкIумэм йохъуцацэ Раянэ. Нанэр фэджэладжэ дыдэуи хуэпакъым, ауэ куэд щIауэ и щхьэ Iуэху зэрызэримыхуэжыр нэм къыщIоуэ жумыIэпэнуми, нэрылъагъущ. - Псори къэтщэхумэ, тхьэмыщкIафэ етплъу къыфIэщIынущ. - Сыт-тIэ тщIэнур? - Дэнэ ущыщ, нанэ? - нэхъ хуабжьу щIоупщIэ Фаизэ. - Къалэ щIыбым, дачэхэм сыщопсэу. - Шэджагъуэшхуэ тIэкIу къыддэпщIын? - АIэ! Сэ псынщIэу семыжьэжмэ, кIуэжыгъуей сыхъунущ. Сымаджэ къэзгъэнащ. И лIыр зэрихьэ къыщIэкIынщ, - зохъуцацэ хъыджэбзитIри, тыкуэным ягъэзэж, зы пакет из хъун шхыныгъуэ хузэралъхьэри, къыщIокIыж. - Нанэ, дэ машинэ дисщ, ухуеймэ, уIутшэжынщ унэм. Уи удзхэр сэ къэсщэхунущ псори хадэм хэссэну. Дапщэ жыпIэрэ? - Иджыпсту пасэIуэщ хэпсэну, химыубыдэнкIи хъунущ, - дзыхьмыщIу жеIэ нанэм. Ауэ Фаизэ уемыдаIуэу зэрымыхъунур и нэгум къищырти, зримылъэфыхьу ажэгъуэмэхэр хуишиящ. Ахъшэри зэIэпахащ. Къалэ щIыбым ирикIуэ гъуэгум здрижэм, нанэм здагъэшынур яригъэлъагъуурэ, унэ хэщIыхьа цIыкIу гуэрым и гупэм къыщоувыIэ. Пакетри кърахащ. - Мыхэр, нанэ, ди цIэкIэ фшхынщ! - ФыныщIыхьэ, фымыпIащIэмэ, зы шеибжьэ дефэнщ! - укIытэр къызэрытекIуэр IупщIу, жеIэ иджы нанафи зытемытыж цIыхубзым. - Хьэуэ, хьэуэ, дэ лэжьапIэм дыIухьэжын хуейщ. Хэт зепхьэр? Уи щхьэгъусэра? - Хьэуэ, тхьэ. Си щIалэ закъуэр. - Еууей! Машинэ, сыт, къыжьэхэуа, хьэмэ? - Алыхьым апхуэдэу къызитащ. И лъакъуэр къыщIэувэркъым, и нэми илъагъуркъым. Хъыджэбзхэр къэнэщхъеящ. Куэбжэпэм здыIутым, и укIытэм текIуэн щхьэкIэ, и къуэмрэ езымрэ я хъыбарыр иришэжьауэ, къажреIэж. - «Дэ сабий ныкъуэдыкъуэ дыхуейкъым», - къызжаIащ сызэрыса унагъуэм, сабийм и Iуэху зыIутыр наIуэ къызэрыхъуу. «Мы сабий нэджэIуджэр», - жиIэурэ си пщыпхъур къэкIуэжыху шхыдэрт. Къасщтэри сыкъэкIуэжащ. Гукъани яхуэзмыщIу сакъыхэкIыжащ. Абы лъандэрэ илъэс дапщэ дэкIагъэн? ПщыкIуплI? ПщыкIутху? Си адэ-анэм къыздапIащ, псэуху. И акъылыр зэтесщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. ЕгъэджакIуэ гуэри къытхуокIуэ. Благъэхэр къыздоIэпыкъу. Сылэжьэпэнуми, и закъуэу къыщIэбнэ хъуркъым. Содэ, зыгуэрхэр зэрызохъэ, зэкIэрызогъапщIэ. «ДыщIэгъэхьэ! - мэIущащэ Раянэ. - Сеплъыну сыхуейщ». ЗэлъыIухат унэр. Ауэ гуфIэгъуэ щIэмыту апхуэдэт. - Мамэ! УкъэкIуэжа? - ныбжьыщIэ макъ гъум къыщIоIукI пэш пхыдзам. - НтIэ, Саид, сэращ ар, си щIалэ цIыкIу! - Хэт уи гъусэр? - Уи шыпхъухэращ ар, Саид, Раянэрэ Фаизэрэ! - Фаизэ кIуэрыкIуэм тету къигупсысхэр къыздрихыр зэи къыпхуэщIэркъым. - Сэ шыпхъу сиIэкъым. - Иджыри къэс уимыIами, иджы уиIэнущ, си дэлъхушхуэ! - Фаизэ зэрымыпсэлъэгъуейр фэри къывгурыIуа къыщIэкIынщ. - Дапхуэдэу узэрыщытыр? - СытхьэIухудщ! Уэ пхуэдэу шыпхъукIэ ехъулIа щыIэу си фIэщ хъуркъым! - къыжьэдохури, и псалъэм лъэщIыхьэжыркъым Фаизэ. - Сэ дахэ жиIэм къикIыр сщIэркъым, - нэщхъейуэ, ауэ нэжэгужэу мэпсалъэ Саид. - Уи Iэм сегъэIусэт! Фаизэ щхьэнтэ лъагэм кIэрыгъэщIауэ пIэм хэлъ щIалэ цIыкIум бгъэдохьэри, и Iэр хуеший. - Сыту гъэщIэгъуэн! Уи Iэр цIыхуфIыIэщ, ауэ уи макъым тIэкIу сыщошынэ. - Сыт щхьэкIэ? - ФIыуэ сыкъыумылъагъуу къысщегъэхъу. - НтIэ, Раянэ ейм еIусэт, абы и макъыр иджыри зэхэпхакъым. Раянэ и Iэр жыIэщIэу щIалэм хуеший. Саид ар къиутIыпщыжыну пIащIэркъым. - Псалъэт! - къару щIэлъу унафэ ещI ныбжьыщIэм. - Сэри сыцIыхуфIу жумыIэмэ, си жагъуэ хъунущ! - зэрыхъукIэ нэхъ къызэрыгуэкI ещI и макъыр Раянэ. - Уи нэхэр удзыфэ? - Дауэ къызэрыпщIар? - псори мэдыхьэшх, езы щIалэ цIыкIуми и гукъыдэжым зыкъеIэт. - СщIэркъым, уи Iэм къызжеIэ апхуэдэу. - Си щхьэцыр-щэ? - Мамэ ейм ещхьу щхьэцыгъуэщ. - Мамэ IэлъэщI телъщ. - Сэ IэлъэщIым къикIыр сщIэркъым. - ЕIусэт, Саид, Раянэ къызита бэлътокум! - Зарэ щIалэ цIыкIур къытехьэу кIиин щIидзэнкIэ мэгузавэ, хъыджэбзхэр щIэмыкIыж щIыкIэ. Апхуэди и хьэлщ. Саид и анэм къыхуишия бэлътокур къещтэри, и пэм хуехь. ИтIанэ и нэм трелъхьэри, жеIэ: - Исуф и адэм ещхьу, сэри си нэр къигъэплъэжтэмэ уи бэлътокум! - Хэт Исуфыр? - хъыджэбзитIыр Зарэ йоплъ. - Езым къывжиIэжынщ, сэ шей згъэвэху, - зыгуэркIэ зэрыгушхуэр наIуэу къыщолъэт Зари, пэшым щIокI. - Екъуб бегъымбарымрэ абы и къуэмрэ къащыщIар зэхэвмыхауэ ара? - ауан ищI щIыкIэу щIоупщIэ Саид. Зэхахакъым. Хъыджэбзхэр пIэм хэлъкъым, тхылъ еджэн хуэдэу. - Исуф и къуэш нэхъыжьхэр къефыгъуэрти, ягъэпщкIури пщылIу зыгуэрым иращащ. И адэ Екъуб ар хуэмышэчу нэф хъуат. Зыкъом дэкIауэ, езыхэри ин хъури я делагъэр щхьэщыкIауэ, Исуф пщышхуэ хъуауэ къагъуэтыжащ и къуэшхэм. И адэр нэф зэрыхъуар жраIати, си джанэр и нэм хутефлъхьи, къэплъэжынущ къажриIэри, апхуэдэуи хъуащ. Сэри си адэм сыхуолъаIуэ жэщ къэс. Ялыхь, и гур зэшалIэ, жызоIэ. - Уэ уи гур зэрыплъэм хуэдэу дэ ди нэхэр плъэуэ щытамэ, Саид, сыту дехъулIат! - и фIэщыпсу мэпсалъэ Раянэ. ХъыджэбзитIым псапэ къызэрахьам шэч къытрамыхьэу, итIани, я гур хьэлъэу къыщIэкIыжащ Зарэ и унэм. - ИIэ, нэгъуэщI мыхъуми, мазэм зэ дыкъэгъакIуэ! - япэу Фаизэ и бзэр къеутIыпщыж. - Абы и адэм иджы нэгъуэщI унагъуэ иухуауэ, сабий узыншэ епIри дунейм тетщ, зыгуэр къыщыщIынкIэ мышынэу. - КъыщыщIагъэххэкъэ, ар зигу! АфIэкIа зыхыумыщIэу дунейм утетыныр нэхъ ныкъуэдыкъуагъэщ, а зэанэзэкъуэм ягъэвым нэхърэ. Еплъ ухуейми, и хъыбарыфI гуэр зэхэтхыжынущ абыхэм. Мынобэми, мыпщэдейми. Пщэдей куэди дэкIатэкъым Фаизэ и телефоным Зарэ къыщипсэлъыкIам: - Иджыри къэс зигъэхъеин идакъым. Иджы къыздэлэжьэн дохутыр къысхуэлъыхъуэ, къызжиIащ. Фэращ зи фIыгъэр, си псэр къурмэн зыхуэхъунхэ! КхъыIэ, фыхущIыхьэмэ, пщэдей фыкъакIуэ, къаз фхуэзукIынущ. - Щэбэтым, сыхьэт пщыкIузым деж къытпэплъэ, Зарэ! ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|