ЦIЫХУБЗ ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭР ЩАГЪЭГЪУАЗЭ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «Надежда России» бзылъ­хугъэ зэгухьэныгъэ» урысей­псо жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэтхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIы­кIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд Iуэху­щIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, комитетхэм я унафэщIхэр. 
Емуз Нинэ жиIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу цIыхухэм ­яIущIэным гулъытэ хэха зэрыхуащIыр икIи цIыхубз зэгухьэныгъэр къахуеблэгъэну гупыж зэращIам КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщIыр зэрыщигъэ­гъуазэу, Егоровэ Татьянэ и гуапэу абы арэзы зэрытехъуар. 
- ИлъэсыщIэм япэу дызыIущIэр фэращ. Шэч хэмылъу, дыкIэлъоплъ, хыдощIыкI фи бзылъхугъэ зэгухьэныгъэм зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм, уеблэмэ дропагэ, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Къы­хэзгъэщыну сыхуейт, сыт хуэдэ жэрдэм къыхэфлъхьэми, дызэдэлэжьэну дэ дызэрыхьэзырыр икIи КъБР-м и Парламентым и Iуэхухэм зыщывгъэгъуэзэну мыпхуэдэ жэрдэм зэрыфщIар икъукIэ ди гуапэ зэрыхъуар. Апхуэдэуи тфIэгъэщIэгъуэнт ди лэжьыгъэр, хабзэхэр зэредгъэфIэкIуэну щIыкIэхэм теухуауэ фиIэ Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэр къэтщIэну. 
Егоровэ Татьянэ къытеувыIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым цIыхубз зэгу­хьэ­ныгъэхэм зэрызыщаужьым. Абы къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм бзылъхугъэм сыт щыгъуи пщIэ щыхуащIу зэ­ры­щытар. «Пэжщ, тхыдэм лъэхъэнэ гуэр­хэри иIащ лъэпкъ, щэнхабзэ, политикэ гупсысэ щхьэхуэхэм я зэранкIэ бзылъхугъэхэр иджы хуэдэу гъащIэм жыджэру щыхэмыта. Ауэ нобэ псоми зихъуэжащ, зиужьащ, цIыхубзхэм къэ­рал къулыкъущIапIэхэми, хьэрычэт, жы­лагъуэ Iуэхухэми, нэгъуэщIхэми ехъу­лIэныгъэ щаIэщ, - пищащ Егоровэм. - Псалъэм папщIэ, КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхыхьэгъуэм и депутатхэм цIыхубзу яхэтыр процент 20 мэхъу. Фигу къэзгъэкIыжынщи, ещанэ зэхыхьэ­гъуэм щыгъуэ а бжыгъэр процент 12,8-рэ хъууэ щытауэ аращ. Нобэ ди республикэм бзылъхугъэхэм къулыкъу ­лъагэхэр щыхуагъэфащэ. Зи гугъу сщIым ящыщщ ФинансхэмкIэ мини­с­терст­вэр, Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэр, Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэр, ФIэ­кIы­пIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондыр, Сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполно­моченнэм и IэнатIэр. Ар унафэщI ­къулыкъухэм я закъуэщ, къэрал, муниципальнэ IэнатIэхэм Iутри мащIэкъым - процент 50-м щIегъу».
КъБР-м и Парламентым и Унафэ­щIым жиIащ цIыхубз зэгухьэныгъэхэм илъэс къэс зэрызаужьми мыхьэнэш­хуэ зэриIэр. Апхуэдэу илъэситI и пэ 6 лажьэу щытамэ, иджы абыхэм я бжыгъэр 8 ­хъуащ. Егоровэм дыщIигъуащ «Надежда России» бзылъхугъэ зэгухьэныгъэм хэтхэм лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэ­кIыр, псом хуэмыдэу щытыкIэ гугъу ихуа цIыхухэм, сабий зеиншэхэм, зи адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэм яIэ Iэмалхэм елъы­тауэ зэрызыщIагъакъуэм зэры­ри­гуш­хуэр. Апхуэдэ дыдэуи КъБР-м и Парламентми а Iуэхухэм зэпымыууэ и нэIэ ­трегъэт, сабий зеиншэхэмрэ Хэку за­уэш­хуэм и ветеранхэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэным гулъытэ хэха сыт щыгъуи щыхуащI. 
- Дунейпсо спортым цIыхухъухэм ­лъагапIэшхуэхэр зэрыщаубыдыр дгъэ­щIагъуэу щытащ. Ауэ цIыхубзым ап­хуэ­дэ щызригъэхъулIэм деж гугъущ къару къызэрымыкIуэ гуэр зэрыфхэлъыр къыу­мылъытэну, - жиIащ Къардэн Мурат. - Апхуэдэ лIыгъэм зыгуэркIэ пэув хуэдэу щытщ анэм хэлъ гущIэгъур. Абы и фIыгъэщ гъащIэм къигъэув гугъу­ехьхэм фэ хэкIыпIэ къызэрыхуэв­гъуэтыфыр. ЖысIэну сызыхуейращи, фи лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ди щIыналъэм, къэралым я щыIэкIэ-псэу­кIэр ефIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ.
Къызэхуэсахэр ирагъэплъащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэр зэлэжьхэр къыщыгъэлъэгъуауэ, КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэм игъэхьэзыра видеопрезентацэм. 
ЦIыхубз зэгухьэныгъэм къыбгъэ­дэ­кIыу къэпсэлъащ жылагъуэ IуэхущIапIэм 2014 гъэ лъандэрэ и унафэщI Черновэ Алёнэ. Абы депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м и Парламентыр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуну Iэмал къы­зэ­рыратам папщIэ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, «Надежда России» бзылъхугъэ зэгухьэныгъэ» урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къу­дамэр 2010 гъэм къызэIуахауэ щытащ икIи мы зэманым цIыхуи 300-м нэблагъэ абы къызэщIеубыдэ. Зэгухьэныгъэм хэтщ егъэджэныгъэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэр, къэрал къу­лыкъущIапIэхэм Iутахэри лэжьакIуэ Iэ­щIагъэ зиIахэри - нэхъыщхьэращи, дэтхэнэри щIыналъэм и нобэмрэ пщэдеймрэ къызыфIэIуэхущ.
- Зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ Шугалей Ларисэ, Щэхъалы Зайрэт, Щэуей Мидэ, Перфильевэ Нэлли сымэ. Ди IуэхущIапIэм епхауэ къы­зэдгъэпэщащ икIи жыджэру мэлажьэ псапащIэ фонд. АбыкIэ дадоIэпыкъу бын­унагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм, Хэкур яхъумэу хэкIуэдахэм я ун­а­гъуэ­хэм. Иджыблагъэ апхуэдэу защIэдгъэкъуащ Херсон щIыналъэм къикIауэ республикэм и зыгъэпсэхупIэхэм щIэс цIыху­хэм. Абыхэм яIэрыдгъэхьащ яху­зэ­хуэтхьэса щыгъынхэр, - къыхигъэщащ Черновэм. - Зэгухьэныгъэм езым мылъку зэрыбгъэдэмылъым къыхэ­кIыу, зыкъытщIэзыгъакъуэхэм я фIыгъэкIэ ди Iуэхухэр идогъэкIуэкI. Псом хуэмыдэу жыджэру къыддоIэпыкъу КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис. Дэтхэнэми фIыщIэ худощI.
Черновэм дыщIигъуащ республикэм и нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущIапIэхэми республикэм ЩэнхабзэмкIэ, Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэхэми зэрадэлажьэр, щIалэгъуа­лэр хэкупсэу къэгъэхъуным гулъытэ зэрыхуащIыр.
Егоровэ Татьянэ жиIащ КъБР-м и Парламентыр закон нэхъыбэ къызэрищ­тэным зэрыхущIэмыкъур, атIэ депутат­- хэр зыхуейр я лэжьыгъэр нэхъ куп­щIа­фIэу, сэбэпынагъ яIэу къызэрызэ­рагъэ­пэщыныр зэрыарар. Абы и щапхъэу Егоровэм къихьащ иджыблагъэ «Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщ­хьэ­щы­мытыжхэмрэ къэралым зэры­за­щIигъэ­къуэну IэмалыщIэхэм теухуауэ» Фе­деральнэ законым и Iыхьэ 8-м зэ­хъуэкIыныгъэхэр халъхьэну къызэра­гъэлъэгъуар. Дэфтэрым ипкъ иткIэ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщ­хьэ­щы­мытыжхэмрэ дзэм къулыкъу щащIэу хэ­кIуадэ хъумэ, пщIэншэу къратын хуей унэр и унагъуэм - и щхьэгъусэм е сабийхэм - иратыну хуитыныгъэ яIэу щытынущ. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ де­путатхэр цIыхухэм зэраIущIэ щIыкIэм, стIол хъурейхэр, Правительствэм хухах сыхьэтхэр, щIэныгъэ конференцхэр жы­джэру къызэрызэрагъэпэщым, къэ­ралым нэгъуэщI и щIыналъэхэм я хабзэубзыху орган нэхъыщхьэхэм зэгу­ры­IуэныгъэкIэ зэрадэлажьэм.
ЗэIущIэм я лэжьыгъэм теухуауэ къы­щыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ, Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъ­хьэм пэщIэтынымкIэ комитетым и уна­фэщI Кривко Михаил, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ къудамэм и уна­фэщI Къумал Заурбэч, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир.
ЗэIущIэм и кIэухым Егоровэ Татьянэ бзылъхугъэхэм яжриIащ я Iуэху еп­лъы­кIэхэр КъБР-м и Парламентым сыт щыгъуи кърагъащIэ зэрыхъунур, зэдэ­лэ­жьэну зэригуапэр. Емуз Нинэ дыщIи­гъуащ жылагъуэ Iуэхум ухэтыным ­мы­хьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр, цIы­хубз­хэм лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэ­фIагъэкIыну зэригуапэр.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.