ЛЭСКЭН – II

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лэскэн щIыналъэм километр зэбгъузэнатIэ 523-рэ къызэщIеубыдэ. Абы и гъунапкъэхэр егъэщIылIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ районхэм ящыщу щым. И щIыгум щежэх псыхэм я нэхъ инщ Арщыдан, Лэскэн, Урыху зи фIэщыгъэхэр.
Лэскэн районым ипщэкIэ щыIэ и Iыхьэхэр къуршылъэ жьэгъухэм жьэхэгъэкъуами, ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ гъэзахэм тафэм зытраукъуэдиящ.
Лэскэн ЕтIуанэ жылэр зытес щIыгур а цIэ дыдэр зезыхьэ псым и сэмэгурабгъумкIэ щыIэщ. Нарткъалэ - километр 24-кIэ, Налшык - километр 34-кIэ пэжыжьэщ. Езы жылэр захуабзэу пэщысщ зыхыхьэ районым и къуажащхьэ Анзорей.
Къуажэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и нэзымрэ ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и щIыгумрэ пэмыжьэу «къыжьэхэгъэкъуащ» Къэрал Мэз фондым храгъэубыда Мэзылъэ шытхыр.  
Псыхъуэм зэпэщысу дэс Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэхэм я щхьэхэмкIэ щыIэ «Дзэлкъэб» щIыпIэ дахэ цIыкIум деж къыщыщIэж псынэ щIыIэтыIэхэмрэ ихъуреягъкIэ къыщыт дзэлхэмрэ къызэщIаубыдэ Iэгъуэблагъэр зыгъэпсэхупIэ дэгъуэу зэрыщытым цIыхухэм куэд щIауэ гу лъатащ.
Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщыхъуа адыгэ тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий и тхыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм дыщрохьэлIэ:
«Лэскэн! СощIэ: уэ удахэщ, уIэсэщ, умамырщ, ущэныфIэщ, укъэмыгубжьыху, уи фIэщ къыумыгъэкIыху… Къурш лъабжьэхэр, мывэ джейхэр къоущыхь, абыхэм уоIущащэ, уодэхащIэ ущысабырым деж.
ТIуащIэм удэусыхьурэ, зыбгъафIэурэ, зыкъипхыурэ уожэх ищхъэрэкIэ, уи псы кIапэр Тэрч ипхъуэтэжыху. Уожэх, уафэ къабзэм ухуэнэщхъыфIэу, уи гъунэм Iусхэр фIыгъуэкIэ бгъэгуфIэу, дыгъэми, бзухэми, цIыхухэми уахуэхъуахъуэу…»
1859 гъэм Анзор Аслъэмырзэ и жэрдэмкIэ Лэскэн псы Iуфэм щитIысыкIащ а жылэр. I9-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм, уеблэмэ 20–нэм и пэщIэдзэхэми зэрихьар къуажэр къызэзыгъэпэщам и цIэрт.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.