НЫР СЕФ И ФЭЕПЛЪУ

Налшык дэт универсальнэ спорткомплексым щекIуэкIащ 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и фэеплъу.

Зэхьэзэхуэр къыщызэIуаха гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIат КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн, КъБР-м ДзюдомкIэ и федерацэм и президент, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Нурмухьэмэд, Урысейм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ, Олимп джэгухэм я призер Тау Хьэсэнбий, Олимп джэгухэм я чемпион, спортым щIыхь зиIэ и мастер Мудрэн Беслъэн, Урысейм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер Гъэунэ Андзор, Урысейм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер Хьэбэчыр Мурат, Ныр Сеф и къуэш Сэфарбий сымэ.

Сабий 200-м нэблагъэ зэпеуащ саугъэт лIэужьыгъуипщIым папщIэ. Я хьэлъагъ елъытауэ, увыпIэ нэхъыщхьэр яубыдащ Башиев Алим, Дэхъу Хьэмид, Ерчэн Тимур, Иттиев Тамерлан, Унэж Амырлан, Биттиров Алихъан, Алиев Исрафил, Мэремкъул Тимур, Мэсей Атмир, Тембот Алий сымэ.

КIэрэф Амир, Мыз Темболэт, Молэ Арсен, Шыгъэлыгъуэ Аскэр, Ольмезов Магомед, Дадуев Суфьян, Шыгъэлыгъуэ Ахьмэд, Хуцинэ Рустам, Полищук Марат, Мусуков Алим сымэ етIуанэщ.

Щокъуий Аскэр, Хапаев Даниял, Боташев Дамир, Хачанов Артур, ХьэкIэдыгъу Идар, Атлъэскыр Мухьэмэд, Отаров СулътIан, Ацкъан Алибэч, Гъуэтыж Инал, Аскеров Тамерлан, Евлоев Рэмэзан, Урумов Алан, Иадиев Магомед, Къанкъул Идар, Щоджэн Къантемыр, Калошин Дмитрий, ЛIыхъугу Iэдэм, Бэрсэдж Тамерлан, Теувэжыкъуэ Къантемыр, АбытIэ Ислъам сымэ ещанэ увыпIэр къахьащ.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ кубокхэмрэ медалхэмрэ иратащ. Апхуэдэуи, щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ, IэфIыкIэхэмкIэ ягъэпэжащ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.