ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадз

КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуамкIэ депутатхэм къехъуэхъуну дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблэ­гъащ Томск, Ленинград, Тверь, Волгоград областхэм, Адыгейм, Къалмыкъым, Дагъыстэным, Ин­гушым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Шэшэным, Ставрополь щIыналъэм я хабзэубзыху орган нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр. 

Апхуэдэу дыгъуасэ КъБР-м и Парламентымрэ Томск областым и Хабзэубзыху Думэмрэ Iэ щIа­дзащ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ.
КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ къазэрыхуеблэгъам папщIэ. 
- КъБР-м и Парламентым и илъэс 25-м и щIыхькIэ Iуэхугъуэ дахэ куэд щыдогъэкIуэкI республикэм. Шэч хэмылъу, абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ щIыналъэм и политикэ-жылагъуэ гъащIэм дежкIэ. Си фIэщ мэхъу Томск щIыналъэм нобэ етщIылIэ зэгурыIуэныгъэми увыпIэ хэха тхыдэм щигъуэтыну, - жиIащ Егоровэм. - Томск щIыналъэр зэрыцIэрыIуэр абы бгъэдэлъ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм я закъуэкъым, атIэ ар къулейщ зэфIэкI зиIэ цIыхухэмкIи. Къыхэгъэщыпхъэщ Томск областыр адрей щIыналъэхэм къазэрыхэжаныкIа унэ­тIыныгъэхэри. Абыхэм ящыщщ япэ технопаркыр, япэ студент бизнес-инкубаторыр, техникэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ езыт япэ еджапIэр абы къыщызэIуахауэ зэрыщытар, нэгъуэщIхэри. Томскыр хохьэ Урысейм нэхъ зызыужьа и щIыналъи 10-м. КъищынэмыщIауэ, ар къалъытэ студентхэм я къалащхьэу, икIи мыхьэнэшхуэ ират щIэныгъэ нэхъыщхьэ щIэблэм ирагъэ­гъуэ­тыным. Iэ зыщIэддз зэгурыIуэныгъэхэм я бжыгъэр аракъым ди дежкIэ нэхъыщхьэр, ди зэфIэкIым зэрыхэдгъэхъуэнымрэ ди хабзэхэр зэредгъэфIэкIуэнымрэщ гулъытэ зыгъуэтыпхъэр. 
Томск областым и Хабзэубзыху Думэм и УнафэщI Козловская ­Оксанэ къыщыпсалъэм жиIащ Москва и гъунапкъэм икIыу зэгу­рыIуэныгъэ зращIылIэ щIыналъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыяпэр.
- Егоровэ Татьянэ пэжу гу зэры­лъитащи, щIэныгъэ-еджэныгъэ Iуэхум ди щIыналъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Уралым адрыщIкIэ япэ университетыр къыщызэIуахауэ щытар ­Томск къалэращ, 1870 гъэм, - жиIащ Козловская Оксанэ. - Нобэ Томск къэрал университетыр дуней псом щынэхъыфI университет 500-м ящыщ зы хъуащ. Апхуэдэуи, зэры­фщIэщи, ди щIыналъэр цIэ­рыIуэщ и щIыдагъэмрэ газымкIэ, мэзхэмкIэ, Томск щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм къыщIигъэ­кIымкIэ япэ увыпIэр щиIыгъщ Сыбыр федеральнэ округым. Ди щIыпIэм экстремальнэ туризмэм фIыуэ зыщиужьащ. Хэку зауэш­хуэм и зэманым Томск щIыналъэми зауэ IэнатIэм дигъэкIащ цIыху мини 130-рэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуащ 196-р. Дыхуейт нобэ ди зэпыщIэныгъэм щыхьэт те­хъуэу Iэ зыщIэддз тхылъымпIэм IуэхуфI куэд къы­дэкIуэну. 
Журналистхэм я упщIэм жэуап щритым, Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ нэгъуэщI щIыналъэхэм я хабзэубзыху орган нэхъыщхьэхэм зэрадэлэжьэнум теухуауэ КъБР-м и Парламентым зэгурыIуэныгъэ зрищIылIахэм Томск областыр зэ­раещанэр. «Псом япэу дэ дызэ­плъыр щIыналъэ нэхъ пажэхэм я зэфIэкIыр зыхуэдэм зыщыдгъэ­гъуэзэнырщ, дэри тщхьэпэн гуэр абыхэм я лэжьэкIэм къызэрыхэтхынырщ. ЗэрыжысIащи, Томск щIыналъэм и экономикэм, про­мыш­ленностым, социальнэ Iуэху­хэм заужьри, я зэфIэкIым зыщыдгъэгъуэзэну ди гуапэщ. Дыщогугъ ди зэпыщIэныгъэм щIыналъэхэм щыпсэухэм я сэбэп хэлъыну», - жиIащ Егоровэм.
- Пэжыр жысIэнщи, фи щIыналъэр зыхунэсам зыщыдгъэгъуэ­зэным щхьэусыгъуэ диIэщ. Псалъэм папщIэ, иужьрей илъэсхэр къапщтэмэ, КъБР-м и Парламентым и хабзэ жэрдэми 6 гъэзэщIа хъуащ, федеральнэ законода­тельствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ. Дэ апхуэдэ ­ехъулIэныгъэ зэкIэ диIэкъым. Абы къыхэкIыу дэ тфIэгъэщIэгъуэнщ фи Iуэху бгъэдыхьэкIэр зэдгъэщIэну. Апхуэдэуи лъэныкъуитIым я дежкIи сэбэп хъуну къыщIэкIынт ди еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэ­хэмкIи дызэдэгуашэмэ, дауэ мыхъу­ми, ди къэрал университетхэм лъабжьэшхуэ яIэщ, егъэджа­кIуэхэм зэфIэкI ин ябгъэдэлъщ. Ди зэманым Парламентым и лэ­жьэкIэм куэд дыдэ елъытащ, псом хуэмыдэу цIыхухэм я гъащIэр зэIузэпэщ хъуным ехьэлIауэ. Абы къыхэкIыу ди лэжьыгъэр едгъэ­фIакIуэ зэпыту щытын хуейщ, - дыщIигъуащ Козловская Оксанэ. 
Егоровэ Татьянэ хьэщIэхэм фIы­щIэ яхуищIащ я махуэшхуэр къыдагъэлъэпIэну къазэрыхуеблэ­гъам папщIэ, икIи Iэ зыщIадза зэгурыIуэныгъэр щIагъэбыдэу Iэп­щIэлъапщIэ ПIаз Александр и         зы IэдакъэщIэкI тыгъэ хуищIащ ­       Томск областым и Хабзэубзыху Думэм и УнафэщIым. Козловская Оксанэ я IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу ­КъБР-м и Парламентым тыгъэу иритащ дыжьын медалищ, Томск областым я еджапIэ нэ­хъыщхьи­щым я сурэт тету. 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.