МУIЭЕД И МЭЖДЖЫТЫР

Къаир къалэм дэт «МуIэед и мэжджытыр» Баб Зууэйлэ куэбжэм къыбгъэдэтщ. А зэманым яухуэ муслъымэн тхьэелъэIупIэхэм ещхьу, абы хэтт мэсхьэбиплIым щыхурагъаджэ мыдрисэрэ джумхьэ нэмэз щащIын мэжджытрэ. 
Тхыдэдж Макризи зэритхыжымкIэ, мэжджытыр щIаухуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр суфий студентхэм папщIэ еджапIэ къызэIуахынырт. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, мыдрисэм щрагъэджэну я мурадт хьэнэфий мэсхьэбым щыщу еджакIуэ 50, шафихьийм щыщу – 40; маликийхэм ящыщу – I5; хьэнбэлийуэ – еджакIуи 10. КъинэмыщIауэ, мыдрисэм хэтт тафсирымрэ хьэдисхэмрэ щадж, КъурIэныр гукIэ щызрагъащIэ, хьэнэфий мэсхьэбымкIэ ислъам хабзэ зехьэкIэм щыхурагъасэ пэшхэр. 
 Зи гугъу тщIы мэжджытым хъыбар гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. КъызэрыщIэкIымкIэ, абы иубыд щIыпIэр ипэкIэ лъэхъуэщу щытащ икIи мэжджытыр езыгъэухуа сулътIан МуIэед абы гъэру исащ. Хьэпсым здисым, МуIэед цIэмрэ гъудэ-бадзэмрэ апхуэдизкIэ игу зэщагъэуати, тхьэ иIуауэ щытащ зэгуэр Мысырым тепщэгъуэр къыщыIэрыхьамэ, а езыр щаIыгъ лъэхъуэщым и пIэ мэжджыт къригъэувэну. ЖиIами трагъуэтэжащ.
 Мэжджытым динар 40 000 текIуэдащ. Макризи къызэриIуэтэжымкIэ, абы илъэсиблкIэ елэжьащ ухуакIуэ 30-рэ лэжьакIуэ къызэрыгуэкIыу I00-рэ. Ухуэныгъэр щаухыпар 1422 гъэращ, ауэ I4I9 гъэм ар махуэшхуэ иращIэкIыу къызэIуахауэ щытащ.
ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.