«АНЭМ И ЩIЫХЬ» МЕДАЛЫР ЗЫХУАГЪЭФЭЩАХЭМ ИРАТ АХЪШЭМ ХАГЪЭХЪУЭНУЩ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэ. 

«КъБР-м и Къэрал саугъэтхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и Зако­ным и 31-нэ статьям зэ­хъуэ­кIыныгъэ хэлъхьэным теухуа­уэ» законопроектым хэплъащ депутатхэр. Хабзэубзыху органым ар иригъэхьат ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
КъБР-м и Парламентым хабзэр убзыхунымрэ щIыпIэ самоуправленэм и IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэл­бахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, республикэм щыпсэу бынунагъуэшхуэхэм зыщIагъакъуэу ират «Анэм и щIыхь» медалым пэкIуэу ират саугъэтым хуэдищкIэ хагъэхъуэнущ. 
- Хабзэм ипкъ иткIэ, «Анэм и щIыхь» медалыр зыхуагъэ­фэща, бынитху тэмэму зыпIа (зыпI) анэм сом мин 50 кърат. Апхуэдэ саугъэт зыхуагъэувауэ быних е нэхъыбэ зыпI анэм сом мин 50-м худыщIагъу зы быным хуэзэу сом мини 10. Унафэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъхьэмэ, бынитху зыпIым сом мини 150-рэ иратынущ, бынитху е нэхъыбэ зиIэхэм а сом мини 150-м еханэ, ебланэ бынхэм папщIэ дэтхэнэми сом мин 30 хуэзэу къыхущIагъунущ. Мы щIыналъэ унафэр гъэзэщIэным республикэм и бюджетым щыщу сом мел­­уани 2,1-рэ мы гъэм, сом мел­уани 3,15-рэ къыкIэлъыкIуэ илъэс­хэм текIуэдэнущ, - къыхигъэщащ Мэлбахъуэм. 
КъБР-м и Парламентым мы Iуэхур икIэщIыпIэкIэ зэфIигъэкIынущ, адрей псоми япэ иригъэщу. Абы теухуауэ гу зылъытапхъэхэм, зэхъуэ­кIы­ны­гъэхэм, я Iуэху еплъыкIэ­-хэм дыгъэгъазэм и 15 пщIондэ комитетым щыхэплъэ-   нущ. 
КъищынэмыщIауэ, депутатхэр хэплъащ хабзэр къызэпамыудыным, къэралым кинематографие IэнатIэм зыщIигъэкъуэным, жылагъуэ Iуэху­хэр гъэзэщIэным теухуауэ УФ-м и унафэхэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и проектхэм. 
КIэрыхубжьэрыху ткIуаткIуэ­хэм зэрелэжьыж Iэмалхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ Тэ­тэрстан Республикэм и Къэ­рал Советым УФ-м и Къэрал Думэм и УнафэщI Володин В.  зэрызыхуигъазэр даIыгъащ Президиумым хэтхэм. Къи­щынэмыщIауэ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэ­ныгъэфIхэр къыщызыгъэлъэгъуа лэжьакIуэхэр КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъ­хэмкIэ ягъэлъэпIэну унафэ къызэдащтащ. 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.