ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ ХУАУЩИЙ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум хыхьэу  Урысей МВД-м и Управленэу  Налшык къалэм  щыIэм  и лэжьакIуэхэр яхуэзащ  Налшык  дэт   курыт  еджапIэ №29-м и школакIуэхэм.  СтIол хъурей щытыкIэм тету екIуэкIа зэIущIэм  полицейхэр  щытепсэлъыхьащ     наркотикхэм  зэраныгъэу пылъым,  хабзэншагъэкIэ ар зыщэхэр  жэуапым зэрырашалIэм.   

 ЕджакIуэхэм жаIащ спортым зэрыдихьэхыр, ар еджэныгъэми сэбэп къазэрыщыхуэхъур. Апхуэдэуи къахуеблэгъахэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэмкIэ зыхуагъэзати,    жэуап  зэпкърыха  къратыжащ.

ЗэIущIэм и кIэухыу школакIуэхэр ирагъэплъащ  хабзэр къызэпызыудхэм  ирагъэхь тезырым  теухуа  видеоролик.

                                                                 

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.