Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхылъыщIэ. Ар зэхэзыгъэувар Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэмщ.
Тхылъым ихуащ къэбэрдей хэкулI цIэрыIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. ПщIэшхуэ зыхуащIу щыта лIы щыпкъэм и IуэхущIафэхэр IуэрыIуатэм хэхуа нэужь, хъыбар-хъыбарурэ зэбгрыкIри, хэкуми щызэлъащIысащ, нэгъуэщI щIыналъэхэми нэсащ. Къэзанокъуэм теухуа хъыбархэм гупсысэ нэхъыщхьэу хэлъыр ди хабзэм и дахэм, цIыхугъэм, щэн дахэм хуэущиинырщ. Тхылъыр нэхъ яхуэгъэзащ щIалэгъуалэм, курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм, ауэ ар зыIэрыхьэ дэтхэнэри фIэгъэщIэгъуэну абы зэреджэнум шэч хэлъкъым.
Гъут Iэдэм и тхылъым къызэрыщыхигъэщащи, Къэзанокъуэ Жэбагъы лIы Iущым и хъыбархэр езыр щыпсэуа лъэхъэнэм, илъэс щищ хуэдиз ипэкIэ, къежьауэ, нобэм къэсыху адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми жьэрыIуэтэжу зэрахьэ. Ахэр зыбжанэрэ тхылъу къыдэкIауэ щытащ, ауэ нобэкIэ гъуэтыгъуей хъуащ. Хабзэ дахэмрэ зэхэщIыкIымрэ я щапхъэ сыт щыгъуи къэзылъыхъуэ дэтхэнэ жылагъуэ узыншэри езы хъыбархэм хуэныкъуэщ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъыр зытеухуа лIы телъыджэм хуэдэ лъэпкъым къыхэкIыныр куэду гухэхъуэщ, абы и хъыбархэр мыкIуэдыжу зехьэныр лъэпкъым и псэ къэбзагъэмрэ и гупсысэм зэрызиужьамрэ я нэщэнэщ. Мы тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсащ адыгэ лIы Iущым теухуа хъыбар нэхъ хьэлэмэтхэр, ар къызэгуэзыххэм нэхъ гунэс зэращыхъуным хущIэкъуу, щIэныгъэлIым зэхигъэуващ. Тхылъыр зи IэдакъэщIэкIым тхыгъэхэм щелэжьым гуращэу иIар нобэрей ди лъэпкъэгъухэр хэкум и тхыдэм, хабзэм и нэхъ екIухэм, цIыхугъэм, адыгагъэм, лIыгъэм хуэузэщIынырщ. Хъыбархэм я нэхъыбэр япэкIэ къытрадзауэ щытахэмрэ архивым хэлъхэмрэ къыхащыпыкIащ, зыкъомыр езы авторым IуэрыIуатэ зэхуихьэсу адыгэ щыпсэу щIыналъэхэр къыщызэхикIухьым щыгъуэ итхыжащ.
ЩIэныгъэрылажьэхэм къызэрахутамкIэ, Жэбагъы щыпсэуа зэманыр илъэс щищ хуэдиз ипэкIэщ, епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ епщыкIуиянэм и япэ Iыхьэхэмрэ къызэщIиубыдэу. Абы щыгъуэ адыгэхэм тхыбзэ зэрыдимыIам къыхэкIкIэ, Къэзанокъуэм и хъыбар ятхыж щыхъуар ар дунейм ехыжа нэужь илъэс щитI нэблагъэ дэкIауэщ, гъэнэхуауэ жыпIэмэ, ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэращ. А зэман зэхуакушхуэм къриубыдэу, дауи, дунейми, абы тетхэми Iэджэуи захъуэжащ.
Ди лъэхъэнэгъу щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмрэ зи тхыбзэр а зэманхэм узэщIауэ щыта урысхэм, тыркухэм ятхауэ дызыщыгъуазэ пакIэ-пакIэхэмрэ ятепщIыхьмэ, Жэбагъы 1685 гъэм, е 1686 гъэм къалъхуауэ къыщIэкIынущ. АбыкIэ шэсыпIэщ езым и сыным хьэрыпыбзэкIэ тетхар - хьиджрэм тещIыхьауэ къэхьа бжыгъэхэр. Абы нэмыщIу, урыс тхыгъэ кIапэлъапэу лIы Iущым и цIэр къызыхэщхэри, езым и хъыбархэр зытеухуа къэхъугъэхэр щекIуэкIа зэманри, тхыдэм зи цIэ къыхэна пщыхэм я нэхъыбэр щыпсэуа лъэхъэнэри ардыдэм тохуэ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIи, языныкъуэ хъыбархэми къазэрыхэщыжымкIи, Къэзанокъуэр уэркъ унагъуэм къыхэкIауэ щытащ, зэгъэщIылIауэ зыбгъэдэтари япэщIыкIэ ХьэтIохъущокъуэхэщ, иужькIэ Къетыкъуэхэщ, хъыбарым жиIэр пэжмэ (уэркъхэм хуитыныгъэ яIэу щытащ зы пщым бгъэдэкIрэ нэгъуэщIым гухьэну). ХэубыдыкIауэ ар нэхъыбэрэ зыбгъэдэтар къэбэрдей пщышхуэу, пщы уэлийуэ щыта Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ. Ар ди хэкум и тепщэу щыщыта лъэхъэнэм Жэбагъы абы къулыкъу хуищIэу, нэгъуэщIу жытIэнщи, чэнджэщэгъу пэжымрэ пщым и къуэдзэмрэ я къалэнхэр игъэзащIэу бгъэдэтауэ къаIуатэ архивхэм къыхахыжа документхэм. АбыкIэ шэсыпIэхэм ящыщщ урыс тхыгъэхэм Жэбагъы и цIэр къызэрыхэщыжри: лIы Iущым и цIэр абыхэм къызэрыхэнам тепщIыхьмэ, ар Къэбэрдейм икIа лIыкIуэ гупхэм яхэту зыбжанэрэ Урысей пащтыхьым, абы и блыгущIэтхэм яхуэзауэ щытащ. Апхуэдэу, къэрал IуэхукIэ Кърымми Уэсмэн империем и къалащхьэ Истамбыли Жэбагъы и лъэр нихусауэ щытащ, абы икIри, Мэккэ-Мадинэ кIуэри, хьэж ищIри къигъэзэжащ. Апхуэдэм щыхьэт тохъуэ адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъыбар зыбжанэри, езым и сыным тетахэри.
Гъут Iэдэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, тегъэщIапIэ пэжкIэ узыщыгугъыну щыIэхэм ящыщ зыщ урыс тхыгъэхэр, икIи абыхэми къазэрыхэщымкIэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и адэр лIэужькIэ адыгэ уэркъыу щытауэ къыщIэкIынущ. Апхуэдэ еплъыкIэ щIэныгъэлIым щIиIэр мыращ: Жэбагъы жылэ щхьэхуэ зыIэщIэлъ къуэш иIащ, езы дыдэми зы жылэ мыин IэщIэлъу щытащ. КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, IуэрыIуатэм Жэбагъы бацэм хэлъу къагъуэтрэ къызэрыгуэкI гуэрым ипIыжауэ зэрыхэтыр пэжу щытамэ, абы къуэши иIэнутэкъым, мор къызыхэкIар щамыщIэкIэ, и къуэшыр уэркъыу щытынутэкъым, и лIакъуэри зыми ищIэнутэкъым. Пэжщ, зэзэмызэ къэхъуу щытащ, лIыгъэшхуэ зезыхьа гуэрхэр уэркъым палъыту. Ауэ абы апхуэдэ зыгуэркIэ уэркъыгъэр къыхуагъэфэщатэмэ, езыр уэркъ хъуа щхьэкIэ, и къуэшым апхуэдэ фIащынутэкъым. Ди деж зи цIэ пэжыр къэмыса и адэри уэркъыу щытащ, и уэркъыгъэри хабзэкIэ и бынхэм яхуэкIуэжащ.
Къэзанокъуэм и хъыбархэр, авторым зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэ ятхын щыхъуар ХХ лIэщIыгъуэм ипэхэращ, ауэ нэхъ хэкъузауэ щелэжьар 1952 - 1955 гъэхэм щегъэжьауэщ: а зэманым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ гупым адыгэ щIыналъэхэр къызэхакIухьурэ Жэбагъы и хъыбару ягъуэтыр къызэщIакъуэн ирагъэжьащ. Гупым я пашэу щыта Шортэн Аскэрбий и цIэр тету икIи ар хэлэжьыхьыжауэ 1956 гъэм къыдэкIауэ щыта тхылъ цIыкIум ихуащ щIэныгъэрылажьэ гупышхуэм хъыбару къагъуэту ятхыжахэри нэгъуэщIхэм ятхыжауэ щыIэхэри. Ар икъукIэ Iуэху щыпкъэу зэфIэкIауэ щытащ икIи абы зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэми фIыщIэшхуэ хуэщIыпхъэщ, лъэпкъым и щIэблэм хуалэжьа Iуэху щхьэпэм щхьэкIэ.
Абдежым къыщегъэжьауэ, нобэм къэсыху Жэбагъы теухуа хъыбару адыгэ IуэрыIуатэ къэзыугъуей щIэныгъэлIхэм ятхыжар къэппщытэмэ, ахэр текст щэ бжыгъэ зыбжанэм ноблагъэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, Жэбагъы щыпсэуа зэманыр илъэс щищ ипэу щытми, а лIы щыпкъэм и цIэр уэршэрым къыдэкIуэу, абы теухуа хъыбархэр нэхъыжьхэм къаIуэтэжу ноби зэхэпхынкIэ мэхъу. Пэжыр жытIэнщи, зыгуэрым и цIэр IуэрыIуатэм хэхуамэ, абы игъэхъахэри, зыкIи и Iуэху зыхэмылъахэри игъэхъауэ щыкIэрацIэлъ къохъу. АрщхьэкIэ, дауи, Жэбагъы апхуэдизу цIэрыIуэ хъунтэкъым, зыгуэр езым къуэмылъатэмэ, ауэ сытми къызэрыгуэкI гуэру щытатэмэ.
Мы тхылъыр авторым щигъэхьэзырым щыгъуэ тегъэщIапIэу зыбжанэ иIащ. Апхуэдэщ ищхьэкIэ къыщыхэдгъэща лэжьыгъэу Шортэн Аскэрбий къыдигъэкIауэ щытар, Нало Зауррэ Гъут Iэдэмрэ зэдагъэхьэзыру Жэбагъы и хъыбару ягъуэта псори щызэхалъхьэжа тхылъыр, нэгъуэщI тхыгъэ къытрадзахэмрэ Iэрытхыу архивым авторым къыхихахэмрэ, макъкIэ тхыжауэ фонотекэм хэлъхэр. Ауэ нэхъ хэхыпIэшхуэу Гъутым иIащ IуэрыIуатэ зэхуахьэсыну щежьэу щыта зэманхэм щыгъуэ итхыжу кърихьэлIа хъыбархэр. Ахэр адыгэ хъыбарыжьхэр IукIэ зехьэныр щIэныгъэ курыхыу къэзылъытэу щыта Iэджэми я Iэужь лъапIэщ.
А псори мы тхылъыр зыхуэгъэза щIэблэщIэм щыщхэм нэхъ къазэрыгурыIуэным хуэдэурэ зэригъэзэхуэжащ, бзэм и IуэхукIи, тхыбзэм къегъэзэгъыжауэ хъыбарым и къэIуэтэкIэр нэхъ гунэс зэрыхъункIи. Абы щыгъуэми, тхыжауэ щыIэхэм хэмыту, щIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, къигупсысауэ къэхъугъэ гуэри, цIэ-унэцIи, щIыпIэцIи хигъэхьакъым, хэлъри зэрихъуэкIакъым. Тхылъым ихуа хъыбархэм пэублэ псалъэ яIэщ, ар зытеухуар игъэнаIуэу. Апхуэдэуи, щIэджыкIакIуэхэм тхылъым кърагъуэтэнущ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэу урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ зэрадзэкIахэри.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.