«ТекIуэныгъэм и диктантыр» ятхащ цIыху мини 100-м нэблагъэм

Хэку зауэшхуэм къы­­щыт­­­хьа ТекIуэныгъэр илъэс ­74-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ «ТекIуэныгъэм и диктант» тхыным хуэгъэзауэ «Урысей зэкъуэт» партым къыхилъхьа жэрдэмыр даIыгъащ ди къэралым, нэгъуэщI къэрал 23-м щыщу цIыху мини 100-м хуэдизым. «Тхы­дэм и ­фэеплъ» парт проектым и ­убзыхуакIуэ, «Те­кIуэны­гъэм и диктантыр» егъэ­кIуэ­­кIынымкIэ къызэгъэ­пэщакIуэ комитетым и тхьэмадэ, Къэрал Думэм и депутат Хинштейн Алек­сандр зэрыжиIамкIэ, ар накъыгъэм и 7-м щрагъэкIуэкIащ щIыпIэ 1373-м икIи диктантыр егъэтхы­нымкIэ дэIэпыкъуэгъу ­хъуащ волонтёр мини 5,5-м нэблагъэ.

Москва зэманымкIэ сы­хьэти 9-м щIадзэри, диктантыр япэу ятхащ ди къэралым и КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэухэу, апхуэдэу Ита­лием, Вьетнамым, Монго­лием, Къэзахъстаным я цIыхухэу мини 5-м щIигъум. Сыхьэт 13-м диктантыр тхын щIадзащ Урысейм и щIыналъэхэм я нэхъыбапIэм, къэ­рал 19-м, абыхэм ящыщщ Абхъазыр, Австриер, Азербайджаныр, Армениер, Белоруссиер, Болгариер, Германиер, Даниер, Израилыр, Къыргъызыр, Молдовэр, Польшэр, Сербиер, Словениер, Таджикистаныр, Тыркур, Узбекистаныр, Чехиер, Осетие Ипщэр.
«ТекIуэныгъэм и диктантыр» иджы япэу ирагъэкIуэкIауэ аращ. Апхуэдэу щыт пэтми, а Iуэхум егъэлеяуэ цIыху куэд къыхыхьащ, сыту жыпIэмэ, фашизмэр зэтезыкъутахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ. Языныкъуэ къэралхэм ящыщу «ТекIуэ­ныгъэм и диктантыр» зытхахэм я бжыгъэр цIыхуипщI зыбжанэщ, ауэ мы Iуэхум цIыхуищэхэр щызэхуишэса щIыналъэхэри мащIэкъым. Дэ а псоми фIыщIэ яхудощI ТекIуэныгъэ Иныр апхуэдэ щIыкIэкIэ зэрагъэлъэпIам папщIэ», - жиIащ мы лэжьыгъэр егъэ­кIуэкIынымкIэ Iуэхушхуэ зэ­фIэзыгъэкIа, зыми IэщIэ­мылъ Къэралхэм я Зэкъуэ­тыныгъэм, ди хэ­куэгъухэм ящыщу къэрал щIыбым щыпсэухэм ядэ­лэжьэным, дунейпсо гуманитар зэдэ­лэжьэныгъэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Брюханов Михаил.
«ТекIуэныгъэм и диктантыр» тхыным хуэгъэзауэ «Урысей зэкъуэт» партым къыхилъхьа жэрдэмым Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­щу цIыху 600-м щIигъу хэтащ.
Диктантыр ятхын папщIэ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал аграрнэ университетым къекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ мы Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щегъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и секретарь, «Урысей зэкъуэтым» и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIагъуэ Михаилрэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым и ректор Апажэ Аслъэнрэ. 
Апхуэдэу КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и секретарым и къуэ­дзэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлимрэ хъуэхъу псалъэхэр хуагъэзащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым диктантыр щызытхахэм.
Студенту, егъэджакIуэу, ветеранхэм ящыщу цIыху 300-м щIигъум «ТекIуэныгъэм и диктантыр» щатхащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым. Абыхэм яхэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ КъБР-м цIыхухэр егъэджэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуесрэ.

 

Печонов Владилен.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.