КъБР-м и Парламентым и щIыхькIэ

Гъэмахуэ шыгъажэ лъэхъэнэр къы­щызэIуахым республикэ ипподромым шыгъажэу блы щекIуэкIащ. Абыхэм ящыщ зым щызэпеуащ КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ ягъэува саугъэтыр къэ­хьыным теухуауэ.

Метр 2000 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр япэу къызэпичащ Быф Анатолий и хакIуэ Голден Соул. Шыр игъэхьэзыращ гъэсакIуэ Iэзэ Алокъуэ А., ар къигъэжащ япэ кате­горие зиIэ шууей Шыкъ А.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ текIуахэм ехъуэхъуащ икIи республикэм законхэр къыдэзы-гъэкI и орган нэхъыщхьэм и саугъэтыр яритащ.
- Псом япэу нобэрей махуэшхуэмкIэ - ­Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэмкIэ, апхуэдэу шыгъажэр къызэрызэIуахамкIэ сынывохъуэхъу. Кавказым исхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шыр зыхалъхьэ щыIэкъым. Ар ди щэнхабзэм къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэщ. Аращ шыгъажэхэм ящыщ зыр КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам зэрытраухуар хуабжьу ди гуапэ щIэхъуар. Псоми зэрытлъэгъуащи, зэпеуэр гуащIэу екIуэкIащ.
СызэрыщыгъуазэмкIэ, шэсу шыгъажэм хыхьэн ипэкIэ шууейхэм шыр илъэс зыбжанэкIэ ягъасэ. Абы папщIэ а псэущхьэр нэгъэсауэ фIыуэ плъагъун хуейщ. Апхуэ-дэ лъагъуныгъэрщ нобэрей текIуэныгъэр къызыпэкIуари.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.