Псэхуэлажьэ
Тхэн IэщIагъэм къалэмыр къызэрыхуэсщтэрэ къызогугъуэкI цIыху щхьэхуэм сытетхыхьыну. Абы щхьэусыгъуитI иIэщ. Япэр: тхыгъэ зыхуэстхым фIагъ-Iэзагъыу бгъэдэлъ псори къэслъагъуу цIыхум я деж нысхуэхьэсыну пIэрэ? ЦIыхур цIыхущи, лъэныкъуэ куэду мэпщIыпщI. ЕтIуанэр: гуемыIу хъун е сызыщымыгъуазэ гуэр хэлъмэ-щэ абы и Iуэхум? Сэ пщIыпщIу къысфIэщIар тецIуукIа фIамыщIу къыщIигъэщыжмэ-щэ и IуэхущIафэ гуэрым?.. Абы къыхэкIыу, куэдым сатетхыхьакъым, яхужысIэн гуапагъэ сигу яхуилъ пэтми. Ауэ, сызыгъэчэнджащэ гурыщхъуэхэр лъэныкъуэ езыгъэзыж IуэхущIафэ зыдэслъэгъуа цIыхум си къалэмыр хущIолъэт. Тхьэзэплъыж Ислъам апхуэдэхэм ящыщщ.
Тхьэзэплъыж
Тхыгъэ зыхуэзгъэфащэ цIыхум и унэцIэращ япэу сызэгупсысыр. Абы и лъэпкъыр пщы-уэркъым ящыща, цIыху цIэрыIуэ куэд къыхэкIа, къулыкъущIэр я куэд жысIэу сеплъкъым, атIэ унэцIэм къиIуатэмрэ абы щIыгъу цIэр цIыхум зэрекIумрэ согупсыс. Тхьэзэплъыжым и унэцIэр егъэпэж. Адыгэм «уи тхьэ узэреплъщ» жиIэмэ, «уи напэ къызэребгъэзэгъщ» жиIэу кърегъэкI. Тхьэзэплъыж Ислъам и Iуэху бгъэдыхьэкIэр, зехьэкIэр, зэфIэхыкIэр апхуэдизкIэ гугъэзагъэщи, куэдрэ гущIэм щимыгъэфIа, гурэ псэкIэ зэмылэжьа зы Iуэху утыку кърихьэнукъым, зыщысхьыжи ищIэнукъым. Ари дауэ? НэфIэгуфIэрэ зыхэтым гукъыдэж яриту, жьы щIэтрэ зыхуэIэижь лэжьыгъэм еджэгуэкI-егушыIэкI защIэу и Iуэхур зыхуейм нигъэсу!
Театрыр зи гъащIэ
Тхьэзэплъыж Ислъам и гъащIэр тыхь зыхуищIыр театрыращ. ЩищIалэгъуэм джэгуащ, пьесэ игъэуващ; къулыкъум щыпэрыхьам театрым гулъытэу хуищIыр фIэмащIэу сценарийхэр итхыурэ абы хуэлажьэхэр игъэлъэпIащ, пшыхьхэр яхузэхишащ; иджыпсту и къару псори сабий театрым ирехьэлIэ. Мис а иужьрей лэжьыгъэм гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэщ!
Адыгэбзэр Iум
ирелъхьэ
Ислъам и дежкIэ мы гъэр хуабжьу лъапIэщ. Ар езыр илъэс 75-рэ мы мазэм ирикъуащ, IутIыж Борис и цIэр зэрихьэу къызэригъэпэща сабий театрыр - илъэсипщI! IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ къызэринэкIа и илъэс бжыгъэмкIэ сехъуэхъуну къалэмыр къэсщтауэ аракъым, атIэ а адыгэлIыр ди лъэпкъым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэм зэрыхуэлажьэм папщIэ фIыщIэ хуэсщIыну аращ. Махуэ къэскIэ зи анэдэлъхубзэм пэIэщIэ хуэхъу лъэпкъым пщэрылъу иIэм я щхьэжщ къыщIэхъуэ щIэблэм бзэр Iурилъхьэныр. Ислъам зытелажьэр аращ. Къалэ еджапIэм театр къыщызэбгъэпэщу, адыгэбзэр нэхъ Iэзэ дыдэу зыгъэбзэрабзэу диIа тхакIуэ IутIыж Борис и цIэ лъапIэр абы фIэпщу, къалэдэс сабийм зыры- зыхэу адыгэ псалъэхэр и Iум иплъхьэну, анэдэлъхубзэм къыхуэбгъэуша абы и гур литературэм и лъагъуэкIэ театрым хуэпшэну, ар сыт и уасэ!
ФIыщIэ
Ислъам, уи щхьэри, уи пщIэри уи цIэм хуэдэу лъапIэщ. ЛъапIэныгъэ уиIэу, узыхуэлажьэ лъэпкъым и зэхэщIыкI плъагъужу, уи къару илъу, уи лъэ узэрихьэу тхьэм илъэс куэдкIэ утхуигъэпсэу, утхуигъэлажьэ!
«Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ.