«Сабийр еджапIэм хуэгъэхьэзыр»

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Сабийр еджа­пIэм хуэгъэхьэзыр» зыфIаща псапащIэ Iуэхур иджыри щокIуэкI.

 

КъБР-м Волонтёр зэщIэхъееныгъэм зиужьынымкIэ и щIыналъэ центрым и уна­фэщI Асыкинэ Татьянэ зэ­рыжиIамкIэ, псапащIэ Iуэ­хур Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэми, и щIыналъэ­хэми къыщызэрагъэпэ-щащ, сабийхэр щIэтIысхьэжа нэужь, зыхуэныкъуэну Iэ­мэпсымэхэр, зэреджэну хьэп­­шыпхэр, ахъшэр щы­зэ­хуахьэс щIыпIэхэр къыщызэIуахащ.

Къыхэгъэщын хуейщ щытыкIэ гугъум ихуа бын­унагъуэшхуэхэм зыщIагъэ­къуэну хуейхэм я бжыгъэм махуэ къэс зэрыхэхъуэр, щхьэж хузэфIэкIкIэ сабийхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэ­пэщу щIрагъэдзэжыным зэ­ры­хуепIэщIэкIыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, иужьрей тхьэмахуитIым псапащIэ Iуэхум щIэгъэкъуэнышхуэ къахуэхъуащ КъБР-м ЩIы Iуэху­хэмрэ мылъку зэхущы­ты­кIэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр,­ ­«Шэ­р­джэс» уней хъумакIуэ Iуэ­хущIапIэр, Сэрмакъ (Бабыгуей) къуажэм дэт, Лыджыдэ Хьэлым и цIэр зезыхьэ ку­рыт еджапIэ №2-м и егъэджакIуэхэмрэ къекIуалIэ ­сабийхэм я адэ-анэхэмрэ, «УхуакIуэ-Къалэ» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, Налшык къалэм дэт гимназие №13-м и егъэджакIуэхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм деж Волонтёр зэщIэхъееныгъэм зиужьынымкIэ щыIэ советым хэтхэр, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ  и министерствэм и лэжьакIуэхэр, КIуэкIуэ ­Валерэ и цIэр ­зез­ыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал мэкъумэш универси­тетым и егъэджакIуэхэмрэ еджа­кIуэ­хэмрэ, КъБР-м Про­мыш­лен­ностымкIэ, энер­­гети­кэмрэ сатумкIэ и министерствэм и Iэ­­щIа­гъэлIхэмрэ лэжьа­кIуэ­­хэмрэ, нэгъуэщI куэди. Ап­хуэ­дэу щIыналъэ­хэм щыIэ къулыкъущIапIэ­хэми лъэкI къагъанэркъым зи Iуэху хуэмыщIа унагъуэ­хэм я сабийхэр еджапIэм щIэгъэ­тIысхьэжыным хуэу­нэ­тIауэ зыхуэныкъуэхэм-кIэ къызэгъэпэща хъунымкIэ.

ПсапащIэ Iуэхум зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ сабийр еджэным къы­щигъэсэбэпыну Iэмэп­сы­мэхэмкIэ къызэгъэпэщы­ныр, щытыкIэ гугъум ихуа, зауэм и мафIэр зылъэIэса унагъуэхэм защIэгъэ­къуэныр. Iуэхур зэфIэкIа нэужь, «Гум къыбгъэдэ­кIыу» зыфIаща, ЦокIыл Азэмэт и псапащIэ концертыр екIуэкIынущ. Абы къы­хэкIа ахъшэр сабийхэм я тхылъылъэхэр къэщэху- ным трагъэкIуэдэнущ,  къы­дэхуар Луганск икIи Донецк щыщ унагъуэхэм Iэрагъэ­хьэнущ. Концертыр шыщ­хьэуIум и 20-м сыхьэт ­19.00-м щIидзэу Театр щхъуан­тIэм щызэхашэ- нущ.

ПсапащIэ Iуэхур «Лэгъу­пыкъум ищхьэжкIэ» псапащIэ фондым, ЦIыхубзхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм, «Уи гъунэ­гъум дэIэпыкъу» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Гум къыбгъэдэкIыу» зи фIэщыгъэ, ЦокIыл Азэмэт и проектым я щIэгъэкъуэнышхуэ хэлъу КъБР-м ЩIалэгъуалэ Iуэ­хухэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ.

Сабийхэм я гукъыдэжыр къэзыIэт, унагъуэхэм ятелъ хьэлъэ куэд ящхьэщызых псапащIэ Iуэхур шыщхьэу-Iум и 20 пщIондэ екIуэкIынущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ