МардэщIэхэм хуэкIуэу къызэрагъэпэщ

«ЩхъуантIагъэм хэс къалэ» - апхуэдэу куэдым къыхужаIэ Налшык. ЗыгъэпсэхупIэ паркышхуэмрэ удз гъагъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр зэрыту къалэм и щIыпIэ куэдым щытлъагъу утыку дахэмрэ зи Iэужьыр Урысей Федерацэм и апхуэдэ хозяйствэхэм щыпэрыту Налшык дэт «Горзеленхоз» муниципальнэ трестым и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэщ.

Зи пщэрылъ къалэнхэмкIэ унэтIыныгъэ куэду зэщхьэщыха Iуэхугъуэхэр зэфIэзых IуэхущIапIэщ «Горзеленхоз»-р. Аращ къалащхьэм и зыгъэпсэхупIэхэм, утыкухэм хэсапхъэ щхъуантIагъэхэр къыщагъэкIыр, къэкIыгъэ цIыкIухэр, удз гъагъэхэр щIыпIэ-щIыпIэхэм щызыгъэтIысыр, зыхуей хуэзыгъазэр, къалэм и къабзагъэм кIэлъыплъыр, щIыпIэр щхъуантIагъэкIэ гъэдэхэным епха проект зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхалъхьэр. А лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу, фIагъ лъагэ иIэу икIи и чэзум щызэфIах IуэхущIапIэ пэрытым. Ар, дауи, я фIыгъэщ абы и унафэщI щыпкъэхэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм. Ахэр я пашэу IэнатIэр хэтщ къэралпсо, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэхьэзэхуэхэм икIи абыхэм текIуэныгъэхэр къыщехь.

«Горзеленхоз»-м зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр гулъытэншэ хъуркъым. 2002 гъэм абы къыхуагъэфэщащ УФ-м и Къэрал ухуэныгъэ трестым къызэригъэпэща икIи иригъэкIуэкIа урысейпсо зэпеуэм и «Дыщэ IункIыбзэ» саугъэт нэхъыщхьэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэс зыбжанэми ар хъуащ «ФIагъымкIэ дунейпсо сертификатыр», «ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэ нэхъыфI дыдэ» щIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.