Зеикъуэ къыщагъуэта «Нартхэм я кхъэр»

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхашащ Кавказ Ищхъэрэ археологие экспедицэ зэгуэтым Зеикъуэ и бгылъэхэм щригъэкIуэкIа илъэ­ситху лэжьыгъэм щриплъэж зэхуэс ин. Абы хэтащ экспедицэм и уна­фэщI, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кадиевэ Аннэ, ди лъахэгъу, хэкурыдж цIэрыIуэ Котляров Виктор, КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ. 
 Зеикъуэ щыIэ кхъэлъахэм елэ­жьыныр, абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыныр яублауэ щытащ 2014 гъэм. Iуэхур езыхьэжьар Котляровымрэ университетым и лэ­жьакIуэхэмрэт. ИужькIэ ар экспедицэ псо хъуащ, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и IэщIагъэлIхэри хэту. Зэхуэсым ­доклад нэхъыщхьэр щызыщIа Кадиевэ Аннэ а псоми зэпкърыхауэ щы­гъуазэ хуищIащ абы кърихьэлIахэр. 
 Кадиевэм зэрыжиIамкIэ, Нартхэм я кхъэлъахэр щыIащ ди эрэр къэу­нэхуным ипэ VIII лIэщIыгъуэм къы­щыщIэдзауэ ди эрэм и VII лIэщIыгъуэ пщIондэ. Абы къызэщIиубыдащ кобан, сармат, алан лъэхъэнэхэр. Кхъэлъахэм и ухуэныгъэм хьэлэмэ­тагъ куэд хэлъщ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, ар зэрызэхэт Iыхьэхэм я зэтелъыкIэр. Хабзэ хъуауэ, кхъэхэм нэхъ иужьыIуэкIэ щыщIалъхьэхэр нэхъ лъагэу ягъэтIылъ. Нартхэм я кхъэлъахэм зэрыщыщытыр нэгъуэ­щIущ. ЯпэщIыкIэ нэхъ лъагапIэхэм деж щыщIалъхьащ дунейм ехыжахэр, иужькIэ къекIуэтэхыурэ щагъэтIы­лъащ. Ауэ щыхъукIи, кхъэр зэпыудащ а лъэхъэнэхэм псэуа лъэпкъхэм ятещIыхьауэ: дэтхэнэ лъэпкъми езым и Iыхьэ иIэжу яухуат. КъинэмыщIауэ, языныкъуэ кхъэлэгъунэхэр нэхъ ипэIуэкIэ щIалъхьауэ щытахэм ейм тетщ. Апхуэдэу, сарматхэм я лъэхъэнэм яухуауэ щыта щIыщIагъ зе­кIуапIэхэр ящхьэщытщ кобан зэманым къриубыдэу зи лъабжьэр ягъэтIылъа кхъэхэм. 
 Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, кхъэлъа­хэр къагъэсэбэпащ яхэлъ фIэщхъуныгъэкIэ, зэрахьэ хабзэхэмкIэ зэтемыхуэ лъэпкъ зыбжанэм. Абы щыхьэт тохъуэ а щIыпIэм дамыгъэ, нэщэнэ, нагъыщэ зэмылIэужьыгъуэ­хэр зытелъу къыщагъуэта хьэп­шып­хэр. Ахэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм ейуэ икIи абыхэм хьэгъэщхьэхукIауэ пщIэ хуащIу щытауэ къалъытэ. 
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс мин бжыгъэкIэ къекIуэкIа кхъэлъахэхэр нобэ зэхакъутэж, зэхадыгъуэж, щыс­хьырабгъу ямыIэу. Псом хуэ­мыдэу ­зэхакъутащ зауэлIхэм я кхъэхэр. Абы­хэм щIэлъа шабзэхэм, шабзэшэхэм, гъущI джыдэхэм, дыжьын таж пыIэхэм ящыщ куэд лъэужьыншэу кIуэдащ, - жиIащ Кадиевэм. - Къэ­хутэныгъэ лэжьыгъэхэр щедгъэ­кIуэкIым нэхъыбэу къэдгъуэтар цIы­хубзхэм зэрахьэу щыта хьэпшыпщ: дыжьыным къыхэщIыкIа Iэпщэхъу­хэр, мастэкъуаншэхэр, Iэлъынхэр, нэгъуэщIхэри. Къэдгъуэта хьэпшып хьэлэмэтхэм ящыщщ лъэгуажьэ­мыщхьэу щыт, зи IэфракIитIыр щIым егъэкъуа бзылъхугъэ уэндэгъум и ­скульптурэ цIыкIур. Ар кобан лъэхъэнэм щыщу худогъэфащэ. Европэм щы­псэухэм ар хьэлэмэт къащыхъунщ, ауэ а скульптурэ цIыкIум къегъэлъагъуэ а лъэхъэнэм сабийхэр дунейм къызэрытехьэу щыта щIыкIэр. Абы теухуа тхыдэ дэфтэрхэр ди музейм щIэлъщ. 
 Экспедицэм хэтахэм къагъуэта хьэпшып нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ гуэрхэри щыхьэт тохъуэ сабийр гущэм хэпхэныр ижь-ижьыж ­лъандэрэ къызэрекIуэкIым. 
 Гупым зэфIиха къэлъыхъуэныгъэхэм, къэхутэныгъэхэм къарикIуа псори ТхыдэмкIэ къэрал музейм щахъумэнущ. Абыхэм ятеухуа тхыгъэ щхьэхуэу 20-м щIигъу къыдэкIащ. Ахэр зи лъабжьэ монографиери куэд дэмыкIыу дунейм къытехьэнущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж