Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и комитетитIым - Аграрнэ политикэмкIэ, экологиемкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетымрэ Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетымрэ зэщIыгъуу ирагъэкIуэ-кIа зэIущIэр теухуауэ щытащ республикэм и агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я псэукIэмрэ лэжьэкIэмрэ, абыхэм яIэ правовой шэсыпIэхэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIагъуэ Михаил, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд органхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, КъБР-м и Парламентым и Аграрнэ политикэмкIэ, экологиемкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мокаев Кемал, КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен, республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и органым и депутатхэр, КъБР-м и къэрал властым и органхэм, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм я щIыналъэ органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, Урысейм и Пенсэ фондым и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм, профсоюз организацэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщI IэнатIэ зыбжанэм щыщхэр.
Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я социально-экономикэ щытыкIэмрэ абыхэм я правовой шэсыпIэхэмрэ ятеухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уэдыхь Тимур. Докладым увыпIэшхуэ щиубыдащ къуажэдэсхэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ социально-инженер инфраструктурэм зегъэужьынымрэ. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуащ «Мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьынымрэ мэкъумэш продукцэм, сырьём, ерыскъыпхъэхэм я рынокыр зэблэгъэкIынымрэ» къэрал программэм хиубыдэу зэхалъхьа «Къуажэ щIыналъэхэм зэпIэзэрыту зегъэужьыныр» программэ къуэдзэм.
2014 - 2018 гъэхэм къриубыдэу къуажэдэс унагъуэу 248-м я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуащ, абыхэм унагъащIэу, IэщIагъэлI ныбжьыщIэу 147-рэ яхэту. А унагъуэхэм ящыщу 75-м бын куэд яIэщ. Къуажэ щIыналъэхэм псори зэхэту метр мин 24-рэ къызэрыкI псэупIэхэр щащIащ е къыщащэхуащ.
Программэ къуэдзэм ипкъ иткIэ 2018 гъэм къуажэдэс унагъуэу 21-м я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуащ икIи абыхэм ящыщу 14-р IэщIагъэлI щIалэхэщ. А унагъуэхэм ящыщу 7-м бын куэд яIэщ. Псори зэхэту 2018 гъэм унэу метр зэбгъузэнатIэ мини 2-м щIигъу ящIащ е къащэхуащ.
Республикэм и къуажэхэм социально-инженер инфраструктурэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм къызэрызэрагъэпэщым щытепсэлъыхьым доклад зыщIам зэрыжиIамкIэ, 2014 - 2018 гъэхэм къриубыдэу республикэм и къуажэхэм фельдшер-акушер пункту 9, спорт ухуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу 13 къыщызэIуахащ, газ зрикIуэ бжьамийуэ километр 28,7-рэ псы зрикIуэ бжьамийуэ километр 37,32-рэ щаукъуэдиящ. Апхуэдэу щIын яухащ цIыху 300 щIэхуэу 2016 гъэм Псынэдахэ къуажэм къыщрагъэжьауэ щыта щэнхабзэмкIэ унэр.
2018 гъэм Саратовскэ къуажэм фельдшер-акушер пункт, ХьэтIэхъущыкъуей къуажэм футбол джэгупIэ, Нартан къуажэм щэнхабзэмкIэ унэ къыщрагъэжьащ, псы зрикIуэ бжьамийхэр Сэрмакъ къуажэм, газ зрикIуэ бжьамийхэр Зеикъуэ къуажэм щаукъуэдийуэ щIадзащ. А лэжьыгъэ псори дызэрыт илъэсым зэфIагъэкIыну я мурадщ.
2019 гъэм фельдшер-акушер пункт Псынэдахэ, футбол джэгупIэ Былым къуажэм къыщрагъэжьэнущ, Къулъкъужын Ипщэ, Приречнэ къуажэхэр ирафын псыкIэ къызэзыгъэпэщыну бжьамийхэр яукъуэдийуэ щIадзэнущ, Зеикъуэ газ бжьамийхэм нэхъри зыщрагъэубгъунущ.
А псори зэфIагъэкIын папщIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэр зыубгъуауэ къагъэсэбэп. Къызэхуэсахэм Уэдыхь Тимур ягу къигъэкIыжащ 2018 гъэм и закъуэ КъБР-м и Правительствэмрэ Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэм и министерствэмрэ зэгурыIуэныгъэу 9 зэрызэращIылIар. Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм псори зэхэту сом меларди 2-рэ мелуан 369-рэ къаIэрыхьащ къэрал дэIэпыкъуныгъэм и унэтIыныгъэу 24-м хиубыдэу. Апхуэдиз ахъшэм щыщу сом меларди 2-рэ мелуан 192-рэ федеральнэ бюджетым къыхэкIащ.
2019 гъэм мэкъумэш продукцэ къэзылэжьхэм субсидие, грант щIыкIэу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр етыным теухуауэ Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ мэкъумэшыщIэхэм сом 1 мелардрэ мелуан 963,4-рэ къаIэрыхьэн хуейщ, абы щыщу сом мелард 1-рэ мелуан 803,5-рэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу.
Къуажэхэм я социальнэ, инженер инфраструктурэр зэтегъэувэным мы гъэм сом мелуани 31-рэ трагъэкIуэдэнущ икIи абы щыщу сом мелуан 29-рэ хуэдизыр федераль-нэ бюджетым къыхэкIынущ. Къуажэдэсхэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэным сом мелуан 1-м нэблагъэ хухахынущи, абы щыщу сом мелуани 10,1-р федеральнэ бюджетым и ахъшэу щытынущ.
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм къита бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, 2018 гъэм ди республикэм и мэкъумэш хозяйствэм и лэжьакIуэхэм ику иту къаIэрыхьэ мазэ лэжьапщIэр сом 13635-рэ, 2017 гъэм елъытауэ проценти 100,8-рэ, хъууэ щытащ. Дызэрыт илъэсым мэкъумэшыщIэхэм ику иту мазэм къалэжьыр сом 15371-м нагъэсын хуейщ.
Доклад зыщIам къигъэлъэгъуащ мэкъумэшыщIэхэм я псэукIэмрэ лэжьэкIэмрэ хэлъ гугъуехьхэри. Абыхэм ящыщщ КъБР-м и агропромышленнэ комплексым IэнатIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщымрэ лэжьыгъэр зэрыщахъумэмрэ нэгъэсауэ арэзы укъызэримыщIыр. Псом хуэмыдэу гугъуехь нэрылъагъухэр щыIэщ предприятэ мыинхэм: абыхэм лэжьыгъэр хъумэнымкIэ IэщIагъэлIхэр яIэкъым, лэжьапIэ IэнатIэхэм я щытыкIэр хэхауэ къапщытэркъым, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным пыщIа Iэмэпсымэхэр къызэращэхун ахъшэ хухахыр-къым, лэжьакIуэхэм я узыншагъэр и зэманым къапщытэркъым.
ЗэIущIэм хэтахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «Къуажэ щIыналъэхэм зэпIэзэрыту зегъэужьыныр» программэ къуэдзэр 2020 гъэм къагъэщIэрэщIэжынущ икIи ар программэ щхьэхуэу 2021 гъэм щегъэжьауэ ягъэзэщIэнущ. Мы документым халъхьэну зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэм зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ищIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм финансхэмкIэ, экономикэмкIэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Кулаковэ Иринэ. Къапщтэмэ, къуажэхэм щыпсэу унагъуэхэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ щадэIэпыкъум деж, иджыпсту зэрекIуэкIым хуэдэу, хэхауэ унагъащIэхэр япэ ирагъэщынукъым - псэупIэ хуэныкъуэхэр зы учётым итынущ икIи абыхэм я чэ-зур къызэрысым тещIыхьауэ ядэIэпыкъунущ. Къуажэхэр комплекснэу зэIузэпэщ щIыным и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, лэжьыгъэхэр нэхъ трагъэщIэнущ газымрэ псымрэ Iэмал зэриIэкIэ нэхъыбэм ялъэгъэIэсы-ным, ухуэныгъэхэр зэгъэуIуауэ икIи комплекснэу егъэкIуэкIыным.
КъаIэта Iуэхухэм ятеухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и депутат, «Ленинцы» мэкъумэш кооперативым и тхьэмадэ Бердюжэ Владимир, УФ-м и агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я проф-союз республикэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Нарзан, УФ-м и агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и Прохладнэ район зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Чепурков Алексей, Урысейм и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Дыкъынэ Заремэ сымэ.
Дыкъынэр хэхауэ тепсэлъыхьащ «Страховой пенсэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 17-нэ статьям и Iыхьэ 14-м цIыхухэм я страховой пенсэхэм процент 25-рэ яхущIыгъуным теухуауэ къыщыгъэлъэгъуар зэрагъэзащIэр. Пенсэм и базовэ Iыхьэм хагъэхъуэн папщIэ цIыхур мэкъумэш IэнатIэм илъэс 30 нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ щылэжьауэ, лэжьапIэ IэнатIэ имыIэжу икIи къуажэм щыпсэууэ щытын хуейщ. Законодательствэм зэриубзыхуам тету нобэм ирихьэлIэу пенсэхэм я базовэ Iыхьэм ику иту сом 1333,5-рэ хухагъэхъуащ цIыху 2855-м. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэранкIэ ягъэува зэманым хуэдизкIэ мэкъумэш хозяйствэм зэрыщылэжьамкIэ пенсэм фондым хъыбар езымыгъэщIахэм зыхуеину документхэр дызэрыт илъэсым къриубыдэу зыхуэфащэ IэнатIэхэм иратыж хъунущ. Абыхэм я пенсэ хухагъэхъуэжынущ 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
Илъэсым хыхьэу блэкIа зэманым апхуэдэ цIыхуи 127-м Пенсэ фондым зыхуагъэзащ. Абыхэм ящыщу блыр зи пенсэм и базовэ Iыхьэр зыхухагъахъуэхэм химыубыдэу къалъытащ.
ЗэIущIэм кърикIуахэм япкъ иткIэ унафэ пыухыкIа къащтащ.