Езы тхьэмадэри кIэлъоплъ

Бахъсэн районым иужь зэманым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIыным, гъуэгу Iуфэхэр, псыхэм я къе­жэхыпIэ­хэр гъэкъэбзэ­ным хуэгъэзауэ.

А лэжьыгъэр нэхъ тэ­мэму екIуэкIын папщIэ ­район администрацэм и ­Iэтащхьэ Балъкъыз Артур и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ «Район къабзэ» зы­фIаща муниципальнэ предприятэ щхьэхуэ. Абы къыбгъэдэхуэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ жылагъуэхэм я Iэшэлъашэхэр, гъуэгу Iуфэхэр гъэкъэбзэныр.
Апхуэдэу жылагъуэхэр зэщIэкъуэнымрэ зэIузэпэщ щIынымкIэ мазитI лэжьыгъэм хиубыдэу районым щыIэ къуажэ 13-р зэхьэ­зэхуэнущ къабзагъэм хуэу­нэтIа гъатхэ лэжьыгъэхэр нэхъ тэмэму егъэкIуэ­кIы­ным хуэгъэзауэ икIи абы щытекIуэхэм ахъшэ саугъэт хухахынущ.
Иджыблагъэ район администрацэм щекIуэкIа зэ­IущIэм щыхэплъащ но­бэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIа ­хъуахэм. Район администрацэм и Iэтащхьэм и ­къуэдзэ Ует Анатолий а зэIущIэм утыку къыщрихьащ къуажэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ, гъэкъэбзэ­ным­кIэ лэжьыгъэхэр зэ­ре­кIуэ­кIыр. Абы зэрыжиIамкIэ, жылагъуэ псоми я уэрам нэхъыщхьэхэр, IуэхущIапIэхэм я пщIантIэхэр, гъуэгу Iуфэхэр зэщIакъуащ. Хабзэм къемызэгъыу къызэрагъэпэща пхъэнкIий идзы­пIэхэр къуажэ зыбжанэм щагъэкъэбзэжащ. Псори зэхэту районым и щIыналъэм щыщ гектар 18 зэ­лъыIуахащ икIи а лэжьыгъэм хэтащ цIыху 1200-м щIигъу.
Къабзагъэ нэс къуажэ псоми дэлъын папщIэ иджыри куэд зэфIагъэкIын хуейщ. А лэжьыгъэм адэ­-кIи пащэнущ икIи Iуэхур зэрекIуэкIым зэпымыууэ кIэ­лъыплъынущ район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.

 

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ