Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэпэм и 26-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр.

Депутатхэр арэзы техъуащ Аруан ­районым и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэ­зыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум Ашэбокъуэ Рашид, Шэджэм районым и суд ­Iуэ­хущIапIэ №1-м и зэзыгъэкIуж хея- щIэм и къулыкъум Мырзэкъан Маринэ, Дзэлыкъуэ районым и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулы­къум Хьэшкъул Маргаритэ ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам. Къищынэмы­щIауэ, депутат къалэнхэр щхьэщахащ Iэзычэ Азэмэт, езым лъэIукIэ закъы­зэ­рыхуигъэзам къыхэкIыу.
КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ, Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэ­сэ­бэпынымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетхэм хагъэхьащ депутат Къуэдзокъуэ Юрий.
ЗэIущIэм етIуанэ еджэгъуэу къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэ хьэулейхэм щыкIэлъыплъыным теухуауэ муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэм пщэрылъ щащIым ехьэлIауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­законым и проектыр. Апхуэдэуи зэ­хъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Ветерина­рием теухуауэ», «КъБР-м и Жылагъуэ ­палатэм теухуауэ» КъБР-м и законхэми.
КъБР-м щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ мыхьэнэ зиIэ и щIыпIэхэр хъумэнымкIэ къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Дроз-        дов Игорь тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым.
Депутатхэм жаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэу ­1500-м нэблагъэ зэриIэр, ауэ абыхэм зэра­кIэ­лъыплъым арэзы укъызэримыщIыр - тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм пкъохэр, антенэхэр къыщыщохутэ, къуацэ-чы­цэкIэ ахэр зэщIокIэ. Дроздовым абы и жэуапу жиIащ: «Республикэм археологие щIыпIэ куэд щыIэщ - Iуащхьэхэр, кхъащ­хьэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм псоми федеральнэ мыхьэнэ яIэщ икIи къэхутэныгъэхэр щедгъэкIуэкIын папщIэ, ахъ­шэшхуэрэ зэманрэ текIуэдэнущ - илъэси 7-м нэблагъэкIэ гъэ къэс сом мелуан 70 зырыз хуэзэу. Апхуэдэ мылъку диIэ-            къым. Абы къыхэкIыу, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ волонтёрхэмрэ дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу, археологие хъугъуэфIыгъуэхэр зэхедмыгъэдыгъуэ­нымкIэ.
Къэпсэлъам дыщIигъуащ Iуащхьэхэм пкъохэмрэ ухуэныгъэхэмрэ зэрыщагъэув­рэ куэд зэрыщIар, абы щыгъуэми ­щэн­хабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным теухуа законыр къызэращтэрэ илъэси ­10-м нэблэгъа къудейуэ зэрыарар.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ­сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым щы­тепсэлъыхьым, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ жиIащ законо- п­роектым ипкъ иткIэ, уполномоченнэм и IэнатIэм зи ныбжьыр илъэс 30 нэхърэ мы­нэхъ щIалэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, ­хуитыныгъэхэр хъумэным епхауэ лэжьыгъэ гуэр езыгъэкIуэкIа цIыхур зэрагъэувыр. Уполномоченнэр илъэситху пIалъэ­кIэ хэзыхыр Къэбэрдей-Балъкъэр Рес-публикэм и Iэтащхьэрщ, Урысей Феде­рацэм и Президентым деж сабийм и хуи­тыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ уполномоченнэм зэрыгурыIуам тету.
КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и па­латэм 2018 гъэм зэфIигъэкIа лэжьы-       гъэм тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и уна­фэщI КIасэ Динэ. Абы жиIащ 2018 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, бюджет законодательствэр къы­щы­зэпауда Iуэхугъуэ 1382-рэ къызэры­щIагъэщар - псоми зэхэту сом мелуан 306-рэ мин 660,2-рэ хуэзэу. Апхуэдэуи къулыкъу зыIыгъ цIыху 15-м жэуап зэры­рагъэхьынум теухуа унафэ ятхащ.
ЗэIущIэм щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэ законхэр зыхуэдэм теухуауэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим жиIам, нэгъуэщI Iуэхухэми.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.