КIуэкIуэ Казбек ТАСС-м и генеральнэ директорым гуроIуэКъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIэу IущIащ ТАСС хъыбарегъащIэ агентствэм и генеральнэ директор Михайлов Сергей. Щызэпсалъэм и гугъу ящIащ Кавказ Ищхъэрэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьэкIэм, апхуэдэуи щIыналъэм щекIуэкI экономикэ, политикэ, жылагъуэ, щэнхабзэ, спорт Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырри яхэту, ятеухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыныр къызэгъэпэща зэрыхъу щIыкIэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|