IэнатIэ гугъу

Урысей гвардием Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм щиIэ къудамэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей я лэжьыгъэм щигъэгъуэзащ журналистхэр. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат УФ-м и Лъэпкъ гвардием и махуэм ирихьэлIэу.

Васильевым жиIащ нэхъыщхьэ дыдэу я нэIэ зытетыр республикэм и шына­гъуэншагъэр къызэгъэпэ­щыныр, жылагъуэ хабзэр хъумэныр, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр, Iуэху пIащIэ­гъуэхэр къыщыкъуэкIам деж лэжьыгъэр зэщIыгъуу къы­зэрагъэпэщыныр зэ­рыарар. Апхуэдэуи къэрал IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэр, цIыхухэм я мылъкур хъумэнри яубзэху.
- 2019 гъэр къызэрихьэрэ СОБР-мрэ ОМОН-мрэ я ­под­разделенэ хэхахэм, нэ­гъуэщI хабзэхъумэ IэнатIэхэр  я гъусэу, цIыху мин 20-м щIигъурэ автотранспорт мин 16-рэ къапщытащ. ЩIэпхъаджагъэ ялэжьауэ шэч зы­хуащI цIыху 50, административнэ хабзэхэр къы­зэ­пызыу­да цIыху 14 яубыдащ. Къи­щынэмыщIауэ, хабзэм къемызэгъыу ящэ фа­дэ птулъ­кIэ 800-м щIигъу къыт­рахащ, этил спирт зы­хэту - литр мин 18, кIэрахъуэу 8, къауэ пкъыгъуэхэр зы­хэлъу миным щIигъу, - жиIащ Ва­силье­вым.
Налшык къалэм и УВО-м и унафэщI полицэм и пол­ковник Эндреев Марат жиIащ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэхэм IуэхущIапIэ ми­­ни 4-м щIигъу зэра­хъумэр. Абыхэм ящыщу ­24-м федеральнэ мыхьэнэ яIэщ. IуэхущIапIэ 13-р Лъэпкъ гвардием и дзэхэм яхъумэн хуейщ. Абыхэм яхохьэ гидроэлектростанци 3, аэропорэр, Бахъсэн абсерваторэр, Iэщэ зыщэ IуэхущIапIэхэм я пэши 8. Къэп­сэлъам зэрыжиIамкIэ, нэ­гъаби хуэдэу, мы гъэми УВО-м и къудамэхэм яхъумэ IуэхущIапIэхэм зыри щрагъэдыгъуакъым.
Лицензэ тынымкIэ хуит зыщI центрым (ЦЛЛР) и лэжьыгъэм журналистхэр хигъэгъуэзащ IуэхущIапIэм и унафэщI полицэм и подполковник ХьэщIэмыз Заурбэч. Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм Iэщэ зиIэ цIыху мин 22-м нэблагъэ исщ, лицензэу ятар мин 36-м ноблагъэ. 2019 гъэр къызэрихьэрэ Iэщэм теухуауэ хабзэр къы­зэрызэпаудам и админист­ративнэ протоколу 230-рэ ятхащ, Iэщэу 146-рэ къыIахащ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Iэщэ и унэ изыгъэ­лъыну хуэмейм ар къэралым зэрырищэжыфынур, КъБР-м и Правительствэм абы ахъшэ зэрыхухихыр. Апхуэ­дэу нэгъабэ Iэщэ 50-м щIигъу къыхахыжащ, нэхъы­бэр я нэхъыжьхэм къащIэна, зы­щIыпIи къыщымы­гъэ­лъэ­гъуат. КъБР-м я нэIэ щытетщ Iэщэ миным нэблагъэ щахъумэ IуэхущIапIэ 45-м, Iэщэ зыщэ IуэхущIапIи 4-м, хъумакIуэхэр щагъасэ IэнатIи 6-м, уней хъумакIуэ зэгухьэныгъэу 51-м.
 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.