КIуэкIуэ Казбек КъБР-м КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

Мэрем кIуам КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Къы­зэры­мыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъу­нымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэ­кIуэжынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор Ткачёв А. Е.

Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, Iуэхур зэгъэщIылIа министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэм, муниципальнэ щIыналъэ щхьэхуэхэм я Iэтащхьэхэм ­къапсэлъахэм едэIуа нэужь, КIуэкIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ Iуэху гузэвэгъуэхэр къэмыхъун папщIэ япэ зигъэщауэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр зэрегъэкIуэкIыпхъэр. Гулъытэ хэха зыхуэщIын хуейхэм ящыщу абы къыхигъэщхьэхукIащ гъатхэ псы къиугъуэм зыхуэгъэхьэзырыныр.
ЗэIущIэм къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, 2019 гъэм гъатхэ псы къиугъуэм зыхуэгъэхьэзырыным, гидротехникэ ухуэныгъэхэр зыхуей хуэгъэзэным сом мелуан ­75-м щIигъу хухахащ. МЧС-м и щIыналъэ IуэхущIапIэм къызэрилъытэмкIэ, муниципальнэ щIыналъэ зыбжанэм хиубыдэ жылагъуэу псыр зыщIэуэнкIэ хъунухэр ­63-рэ мэхъу. Абы къыхэкIыу иджыпсту ­егу­гъуу псы Iуфэхэр ягъэбыдэ, псы лъэгухэр ягъэкъабзэ, псыдзэ къызэхынкIэ ­хъуну щыгухэмрэ джабэхэмрэ я щыты­кIэм кIэлъоплъ, лъэмыж лъабжьэхэр къагъэкъабзэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэ­хэмкIэ щIыналъэ IуэхущIапIэхэм я техникэмрэ адрей Iэмэпсымэхэмрэ лэжьы­-гъэм зэрыхуэхьэзырыр щIапщытыкI.
Иджыблагъэ республикэм и район щхьэхуэхэр къыщызэхикIухьым КIуэкIуэ К. В. Урожайнэ къуажэм, Александровскэ, Котляревскэ станицэхэм щыпсэухэм къыжраIащ Тэрч, Шэрэдж псыхэм я Iуфэ­хэм я щытыкIэм зэрытегузэвыхьыр. Апхуэдэ зэкIэлъымыкIуагъэхэр Шэджэм псыкъелъэхэм я Iэшэлъашэхэми щыболъагъу, Налшык псым и Iуфэхэр зэрагъэбыдауэ щыта ухуэныгъэхэми хэкъу­тыкIауэ щIыпIэ куэд яIэщ.
КIуэкIуэ К. В. зэIущIэм хэтахэм гу лъаригъэтащ псыхэм я щытыкIэм зэпымыууэ кIэлъыплъын, мы Iуэхум полицэм и органхэр, адрей хабзэхъумэ IэнатIэхэр, волонтёрхэм я зэгухьэныгъэхэр къыхэшэн зэрыхуейм. КъызэралъытамкIэ, дэнэ щIыпIи щыгъэувын хуейщ шынагъуэ къы­щыхъуам деж хъыбар зэгъэщIапхъэхэм я телефонхэр зытет хъыбарегъащIэ пхъэбгъухэр икIи абы и лъэныкъуэкIэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я зэфIэкI­ри гулъытэншэу къэгъэнэн хуейкъым.
«Iуэху гузэвэгъуэхэм и зэманым япэ­щIэувэнымкIэ, ди цIыхухэм я гъащIэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми жэуап хэха къыбгъэдохуэ. Ар дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дунейм и щытыкIэм псынщIэу зэрызихъуэжым къыхэкIыу псэуныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэм, экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ хэщIыныгъэхэр ягъуэтынымкIэ шынагъуэ къатохьэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей илъэсхэм республикэм апхуэдэ шына­гъуэу куэд къызэринэкIащ - щIыпIэ щхьэ­хуэхэм ятIэпсхэр, уэсукхъуэхэр къыщехащ, борэнышхуэхэр щыIащ, цIыху куэд щызэблэкI щIыпIэхэм мафIэсхэр къы­щыхъуащ», - къигъэлъэгъуащ щIыналъэм и УнафэщIым.
Комиссэм и зэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, шынагъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ мэ­къумэш щIапIэхэм удз ежьужьхэр зэрыщагъэлыр, мэз лъапэхэм мафIэхэр зэрыщащIым къыхэкIыу губгъуэхэмрэ мэзхэмрэ мафIэс инхэр къыщыхъункIэ зэрыхъунур. 2019 гъэм гъатхэпэм и 11-м ири­хьэлIэу удзым, куэншыб идзыпIэхэм къыщылыда мафIэу 213-рэ ягъэункIы­фIащ. Апхуэдэ Iуэхухэр нэхъыбэу къыщыхъуащ Налшык, Прохладнэ къалэхэм, Аруан, Май районхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къигъэуващ къызэ­ры­мыкIуэ щытыкIэхэмкIэ комиссэхэм я зэIущIэхэр дызэрыт мазэм къриубыдэу республикэм и муниципальнэ щIыналъэ псоми щрагъэкIуэкIыну.
ЗэIущIэм и кIэухым къащтащ шынагъуэ нэхъ къыщыхъункIэ хъуну щIыпIэу, IуэхущIапIэу щыIэхэм я спискэр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.