Премьер-министрыр кIэлъоплъ Iуащхьэмахуэ районым псыдзэм щызэтрикъутахэр зэрызэфIагъэувэжым

Мусуков Алий абы теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыпсалъэм Iуащхьэмауэ районым и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобий зэпкърихащ лэжьыгъэхэр зэре­кIуэкIыр. Абы къигъэлъэгъуащ адэкIи гузэвэгъуэхэр къэмыхъун папщIэ дунейм и щытыкIэм жэщми махуэми зэрыкIэлъыплъыр. Тырныауз къалэм деж Бахъсэн псыр сантиметр 40-кIэ щетIысэхыжащ.

Къуажэ къэс электрокъарур иджыпсту тэмэму яIэрохьэ. ЭлектрокIапсэхэр зрикIуэ пкъохэм ящыщу 6-р щIилъэсыкIати, ахэр щIэуэ хатIэж. Газ бжьамийхэри зэтрагъэувэжащ. Апхуэдэу псыкIэ жылагъуэхэр къызэрагъэпэщыжащ.

«Гъуэгу лэжьыгъэхэр жэщми махуэм йокIуэкI, абы папщIэ къагъэсэбэпу щыта техникэ Iэмэпсымэ 17-р 30-м нагъэсащ, цIыху 25-м я пIэкIэ иджы цIыху 45-рэ мэлажьэ», - къигъэлъэгъуащ «Кавказ» гъуэгур зезыхьэ управленэ» федеральнэ къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Гулаков Виталий.

«Прохладнэ - Бахъсэн - Азау» федеральнэ автомобиль ­гъуэгум щыщу псы къиуам гуилъэсыкIахэр зэрагъэпэ­-щыж, апхуэдэ щIыпIэхэм автомашинэхэр зы лъэныкъуэм тету щызокIуэ. Гъуэгу лэжьакIуэхэм псы Iуфэхэр Бахъсэн Ипщэ къуажэм деж щагъэбыдэ, Байдаевэ къуажэм деж псым илъэса щIыпIэр тракIутэж.

УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаил и псалъэм къыхигъэщащ мы щIыпIэм техникэ зэмылIэужьыгъуэу 46-рэ къызэрыщагъэсэбэпыр цIыху 300-м щIигъу зэрыщылажьэр.

- Республикэм псыхэр къиунымкIэ шынагъуэр иджыри щхьэщыкIакъым, жиIащ Мусуков Алий. - АдэкIи уэшхышхуэ къешхынкIи хъунущ. Абы къыхэкIыу сыт хуэдэ гугъуехьми хуэхьэзыру дыщытын хуейщ.

Тарим Алисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.