Газ Iуэхум егъэпIейтей

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм депутатхэр иджыри зэ щытепсэлъыхьыжащ республикэм щып­сэухэм къагъэсэбэпа щIыуэпс газым и уасэр терминалхэмкIэ зытахэм я ахъшэр зэрыпхымыкIам кърикIуа Iуэхум.

Егоровэм къызэхуэсахэм ягу къигъэ­кIыжащ нэгъабэ цIыхухэм къагъэсэбэпа газым и уасэр «Интегра Софт» IуэхущIапIэм и кассэ терминалхэмкIэ зытахэм къратыжын хуей зэрыхъуауэ щытар.
- Мы Iуэхум мызэ-мытIэу дытепсэлъы­-хьащ икIи ар зэхэгъэкIыныр КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и нэIэм щIигъэуващ. Къы­хэгъэщын хуейщ, «Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-мрэ «Интегра Софт» IуэхущIапIэмрэ я унафэщIхэр а Iуэхум зэгъусэу зэ­релэжьар, абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм 2018 гъэм дыгъэгъазэ мазэм ята ахъшэр я счётым зэрыкIуар къагъэлъэгъуэну зэрахузэфIэкIар.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жи­Iащ гулъытэншэ ящI зэрымыхъунур, ятын хуей газ уасэр куэдрэ къемызэгъыу я квитанцэхэм зэрыратхэм цIыхухэр зэригъэтхьэусыхэр. Абонентыр IуэхущIапIэм зыхуи­гъэза нэужьи, щытыкIэм зэман кIыхь­кIэ зихъуэжыркъым, къыкIэлъыкIуэ мазэм аргуэру щIыхуэ телъу къыхуагъакIуэ. Уасэ­хэр тэмэму зэрамытхым цIыхухэр гугъуехь зэрыхигъэтым и мызакъуэу, газымкIэ республикэм и щIыхуэр щатхкIи ар зэранышхуэ мэхъу.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къы­щыпсэлъащ «Газпром межрегионгаз Налшык» IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщI Вэрокъуэ Залым.

Абы жиIащ 2018 гъэм и дыгъэгъа­зэм «Интегра Софт» ООО-м цIыху­-хэм уасэхэр зэратар къызэримыгъэлъэгъуам хуэдэ щытыкIэ къэхъу зэрымыхъунур. «Мы зэманым ди IэхущIапIэм а Iуэхум теухуауэ игъэхьэ­зыра тхылъымпIэхэр яритащ хабзэ­хъумэ IэнатIэхэмрэ арбитраж су­дымрэ. «Интегра Софт» ООО-м ­игъэ­зэкIуэжын хуей лэжьыгъэхэр къы­хуагъэлъэгъуащ. Си гугъэщ хабзэхъумэ IэнатIэхэм Iуэхур тэмэму зэхагъэкIыну», - жиIащ Вэрокъуэ За­лым. Абы къызэхуэсахэр щигъэ­гъуэзащ цIыхухэм къагъэсэбэпа газым техьэ уасэм къыщхьэщыкIыу хуатхахэр къызэрыщIагъэщам, ахэр иджыпсту зэрызэхагъэкIым.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ тариф­хэр зэрагъэув щIыкIэм, газ Iэ­мэп­сымэхэм я фIагъыр къызэрапщы­-тэм, нэгъуэщIхэми.
Егоровэ Татьянэ «Газпром межрегионгаз Налшык» IуэхущIапIэм и ­генеральнэ унафэщIым ехъуэхъуащ и къулыкъум зэрыпэрыхьамкIэ икIи жиIащ зи гугъу ящI гугъуехьхэр абы зэхигъэкIыфыну зэрыщыгугъыр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ нэ­гъуэщI Iуэхухэми. Абыхэм ящыщщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и промышленнэ IуэхущIапIэхэм теу­хуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ КъБР-м и законым и проектыр. Де­путатхэм ягъэхьэзыращ «Егъэджэ­ныгъэм теухуауэ» КъБР-м и Зако­-  ным и Iыхьэ 5-м зэхъуэкIыныгъэ­-       хэр хэлъ­хьэным и IуэхукIэ», «Къэ­бэрдей-­Балъкъэр Республикэм ФIэ-­
кIыпIэ ­зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и ­бюджетыр зэ­рагъэзащIэм теухуауэ» КъБР-и законхэм я проектхэр.
Депутатхэм даIыгъыну зэгурыIуащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэр япэ еджэгъуэу арэзы зытехъуа «Къэрал дэIэпыкъуныгъэм теухуауэ» Федеральнэ законым и ­12-1-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным теухуауэ» федеральнэ закон № 657895-7-м и проектыр.
КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэIущIэр 2019 гъэм гъатхэпэм и 26-м екIуэкIыну траухуащ.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж