СПОРТСМЕН ЛЪЭЩХЭМ Я ГЪЭСАКIУЭ IЭЩЫЖ ХЬЭПАГУЭ

Тэрч щIыналъэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Дей жылагъуэм дэт олимп резервыр щагъэхьэзыр спорт школым и унафэщI Iэщыж Хьэпагуэ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренерым и юбилеймкIэ ехъуэхъуащ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед икIи илъэс куэд щIауэ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ район администрацэм и ЩIыхь тхылъ хуагъэфэщащ. 

Iэщыжым 1981 гъэм Днепропетровск къалэм дэт физическэ щэнхабзэмкIэ институтыр къиухри «Физическэ гъэсэныгъэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэр къратащ. 2003 гъэм Дей къуажэм олимп резерв щагъэхьэзыр спорт школыр къыщызэIуахам къыщыщIэдзауэ и унафэщIу мэлажьэ. НобэкIэ абы бэнэкIэ хуит лIэужьыгъуэм зыщыхуагъасэ спортсмен 314-рэ. Школым и унафэщIхэм я фIыгъэкIэ материальнэ-техникэ базэр ирагъэфIэкIуащ, зыгъэсэныгъэхэр егъэкIуэкIыныр спортсменхэмрэ тренерхэм тынш ящыщIыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щокIуэкI. 2018 гъэм къэрал бюджетым къыхэкIа субсидиер къагъэсэбэпри сом мелуан 11 и уасэ спорт инвентаркIэ къызэрагъэпэщащ. Абы и фIыгъэкIэ зыгъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр профессионал мардэхэм хуэкIуащ. 
Спорт школым и лэжьыгъэр къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ и гъэсэнхэр республикэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм зэрыщытекIуэмрэ къызэрыщыхэжаныкIымрэ. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ абы щагъэхьэзыращ япэ разряд зиIэ спортсмен 82-рэ, спортым и мастерым и кандидату 44-рэ, Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастеру 9, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 2. 
Дей къуажэм дэт спорт школыр районым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу хэтщ, республикэм щынэхъыфIхэм ящыщщ, «Илъэсым и спорт школ нэхъыфI» щIыналъэ зэпеуэм зыбжанэрэ щытекIуащ. 
Езы Хьэпагуэ игъэсащ Урысей Федерацэм спортым и мастеру 8-рэ тIэунейрэ дунейпсо чемпион, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Iэщыж Артёмрэ. 
Iэщыж Хьэпагуэ Тэрч муниципальнэ районым и щIыпIэ самоуправленэм и Советым и депутатщ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренерым къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIури. 
Узыншагъэ быдэ, гъащIэ кIыхь иIэну дохъуэхъу Iэщыж Хьэпагуэ. 
 

 

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.