МЕДАЛХЭМ Я НЭХЪЫБЭР ДЫЩЭЩ

Волгоград къалэм дэт «Молодёжный» физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым щекIуэкIащ «ЛокоДзюдо» урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуп 34-уэ гуэша 2009 - 2010, 2011 - 2012 гъэхэм къалъхуа Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым къикIа ныбжьыщIэ 400-м щIигъу.

Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ар хуагъэпсащ Сталинград зауэм совет залIэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр зэрыщызэхакъутэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум.

ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и дзюдоистхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ 12 щызыIэрагъэхьащ. Абыхэм я нэхъыбэр дыщэщ.

Я ныбжьрэ я хьэлъагъым елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Джафаров Инал (кг 36-рэ), Абазэ Самир (кг 30), Чыржын Астемыр (кг 38-рэ), Вынэ Ислъам (кг 50), Срыкъуэ Ибрэхьим (кг 38-рэ), Къуэныкъуей Идар (кг 34-рэ).

Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ килограмм 46-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Муртазов Алийрэ килограмм 26-м нэблагъэ Шурдым Алийрэ.

Шыгъэлыгъуэ Аскэр (кг 34-рэ), Къамбий Сэфарбий (кг 42-рэ), Шышхуэ Инвер (кг 26-рэ), Срыкъуэ Ахьмэд (кг 34-рэ) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.

Чемпион ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залым.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.