ЖЬЫБГЪЭМРЭ ДЫГЪЭМРЭ

Зэгуэрым дыгъэмрэ жьыбгъэмрэ хэт нэхъ лъэщми зэхагъэкIыну и ужь ихьахэщ. Жьыбгъэм жеIэ: «Сэ уэ нэхъ сынэхъ лъэщщ. Ар иджыпсту хьэкъ пщысщIынущ уэри. Плъагъурэ, модэ мо кIагуэ хуабэ зыщыгъ лIыжьыр? Къаплъэ тIэ сэ абы и щIыIутелъыр щIэхыу къыщысхынщ», - жи. Дыгъэм пшэм зыкъуигъэпщкIуащ. Жьыбгъэр къопщэ, нэхъри хуабжь зещI, зегъэткIий, мэгубжь. Ауэ, нэхъ къару хилъхьэу къепщэху, лIыжьым и кIагуэм нэхъри зыкIуэцIеуплIанщIэ. Сытми, жьапщэр езэшри, увыIэжащ. Абы хэту дыгъэр пшэм къыкъуэкIыжри, лIыжь гъуэгурыкIуэм гуапэу хуэгуфIащ. Дыгъэм и бзий хуабэхэр зытепса лIыжьым и кIагуэр къехьэлъэкI хъури, зыщихащ. Арати, дыгъэм жьапщэм жриIащ: «Плъагъурэ, гуапагъэр сытым дежи нэхъ лъэщщ губжьым нэхърэ!»

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.