КУБОК НЭХЪЫЩХЬЭР ХЭГЪЭРЕЙХЭМ КЪАХУОНЭЖ

Налшык дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа тхэквондомкIэ щIыналъэхэм зэдай зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм и щIыналъэ 4-м къикIауэ зэпеуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ спортсмен 300-м нэблагъэ.

Я ныбжь елъытауэ щыуэ зэщхьэщыхауэ щыта гупхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхэквондистхэм псори зэхэту медаль 36-рэ къыщахьащ, абы щыщу 10-р дыщэщ. Щызэуа гупхэм бжьыпэр щызыIэрагъэхьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 29-рэ), Иуан Дианэ (кг 33-рэ), Шалгынбаевэ Софие (кг 44-рэ), Шафий Лианэ (кг 62-рэ), Тэрчокъуэ Елдар (кг 33-рэ), Гъэш Имран (кг 41-рэ), Бицу Къантемыр (кг 45-рэ), Кулеш Пётр (кг 5-рэ), Ахъмэт Дамир (кг 59-рэ), Уэзрокъуэ Аскэр (кг 65-м щIигъу) сымэ.

Саугъэт нэхъыщхьэр - Кубокыр - Налшык къыщынащ. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ Дагъыстэным и командэм. Къэрэшей-Шэрджэсым къикIахэр ещанэ хъуащ.

ЩIыналъэхэм зэдай зэхьэзэхуэм хиубыдэу екIуэкIащ илъэси 8 - 9-м, 10 - 11-м итхэм я фестиваль. Хэгъэрей ныбжьыщIэхэр мыбыи щытекIуащ. Псори зэхэту ди спортсмен цIыкIухэм зыIэрагъэхьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 37-рэ, абыхэм ящыщу 10-р дыщэщ.

Зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ягъасэ Ахъмэт Амир, Хъурей Беслъэн, Кугъуэндокъуэ Ялдар, БжэныкIэ Резуан, Тикаев Идрис, Ким Виктор, Хан Станислав, Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абдель-джабаррэ, Уэзрокъуэ Анзор, Бабыгуей Владимир, Къардэн Азэмэт сымэ.

Пандемием и зэранкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм хэтынухэм я бжыгъэр ягъэмэщIэн хуей хъуащ. ЗэIущIэхэр хэтынухэм фIэкIа къримыхьэлIэу ирагъэкIуэкIащ, узыфэм зэрызэщыпхъумэн хуей мардэхэр ягъэзащIэу.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.