ЛЪАХЭГЪУХЭМ АДЫГЭХЭРИ ХЕУБЫДЭ

Путин  Владимир Къэрал Думэм и пащхьэ дыгъэгъазэм и 30-м ирилъхьащ ипэрей «Махуэкухэм» я зым зи гугъу щытщIа, Къэралым къэIэпхъуэжынымкIэ хабзэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я проектыр. УпщIэу къэнар зыт: адыгэхэр хабжэну хабзэр тынш зыщащIыну «лъахэгъухэм»?

Къэрал Думэм и депутат, УФ-м лэжьакIуэ къакIуэхэмрэ къэIэпхъуэжыпэхэмрэ я Iуэхухэр зезыгъакIуэ, Къэрал Думэм и УнафэщIым СНГ-м хэт къэралхэм я IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Затулин Константин и IэдакъэщIэкIщ «Хэкур егъэгъуэтыжынымкIэ хабзэм»  и проектыр. Урысейр зи Хэкуу щытауэ къэкIуэжыну хуейхэм ар тыншу къезыгъэхъулIэ апхуэдэ хабзэ гува-щIэхами пхамыгъэкIыу зэрымыхъунум, къэралым нобэр къыздэсым репатриацэм епха Iуэху зэфIэхыкIэ пыухыкIа зэримыIэм зэраныгъэу къишэм депутатыр щытепсэлъыхьащ «Комсомольская правда» газетым и редакцэм щита радио-интервьюм. Депутатым и псалъэхэм къыщыдогъуэт ищхьэкIэ зи гугъу тщIа упщIэм и жэуапри:

 «Сыт хуэдизу пщIэ яхуэзмыщIми, си щхьэкIэ къыргъызхэри узбекхэри «ди лъахэгъухэм», нэгъуэщIу жыпIэмэ, УФ-р зи Хэкуу къэлъытапхъэхэм ящыщу сыбжыркъым. Абыхэм Узбекистан, Къыргъыз къэралхэр яIэщ. Ар абыхэм я Хэкущ. Пэжщ, ахэр ди къэралым и цIыхуу щытащ зызэман. Хуит ахэр Урысейм къэIэпхъуэну жыпIэмэ, шэч хэмылъу, хуитщ. Ауэ «лъахэгъухэр» къызэрыIэпхъуэ хабзэмкIэкъым. НэгъуэщI IэмалкIэщ, нэгъуэщI гъуэгукIэщ зэрыхуитыр. «Ди лъахэгъухэм» яхеубыдэ урысхэр, дэнэ щымыпсэуми, ди лъахэгъущ украинхэр, дэнэ щымыпсэуми, белорусхэр, дэнэ щымыпсэуми, тэтэрхэр, дэнэ щымыпсэуми, якутхэр, адыгэхэр… Ахэр иджырей Урысей Федерацэм фIэкIа нэгъуэщI щIыналъэ псэупIэу зимыIахэращ. Езыхэм я Къыргъызи, я Узбекистани яIэкъым абыхэм».

КъулыкъущIэм и псалъэхэр я гуапэ хъуну къытщохъу Хэкужьым къэIэпхъуэжыну зи мурад, ауэ а Iэмалыр зэгъэгъуэтыгъуейуэ къызыщыхъу ди лъэпкъэгъухэм.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.