«ЕВРОПЭМРЭ ШЭРДЖЭСЫМРЭ»

США-м щыIэ Йель университетым щеджа, Кембриджым и аспирант Къумыкъу Азэмэт и жэрдэмкIэ, «Де Гройтер» герман тхылъ тедзапIэм иращIылIащ «Европэмрэ Шэрджэсымрэ: 1760 - 1870» зыфIаща, Iыхьэ 30-у зэхэт къыдэкIыгъуэр дунейм къытегъэхьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ.

Тхыгъэ телъыджэр дунейм къытехьэн хуейщ илъэси 10 - 12-м къриубыдэу. Абы щызэхуахьэсынущ нэхъапэIуэкIэ зыщIыпIи щытрамыдза, Инджылызым, США-м, Нидерландхэм, Украинэм, Куржым, Тыркум, Ираным, Австралием, Италием я дэфтэр хъумапIэхэм адыгэхэм ятеухуауэ къыщагъуэтыжа, тхыгъэхэр. ЗэрыжаIэмкIэ, а IуэхущIапIэхэм къыщагъуэтыжащ нидерланд лIыкIуэу хы ФIыцIэм щыIа Тэбу де Марьини, коммерсант Рафаэль де Скасси, нэгъуэщI лIы цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэр: тIасхъэщIэх едзыгъуэхэр, дипломат зэгурыIуэныгъэхэр, адыгэ Iуэхум къепхауэ щыта лIыщхьэхэм я цIэхэр.

Мы лэжьыгъэр зытращIыхьыр - адыгэм пасэрей зэманым щиIа пщIэмрэ дунейпсо утыкум щиIыгъа увыпIэмрэ къэтIэщIыжынымрэ абы Европэр щыгъэгъуэзэнымрэщ. ИлъэсипщIым къриубыдэу хьэзыр хъун хуей къыдэкIыгъуэм елэжьынущ къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэмрэ зэдзэкIакIуэхэмрэ.

ФЫРЭ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.