ГЪАТХЭ ЗЭХУЭСЫГЪУЭМ И ЯПЭ ЗЭIУЩIЭМ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэ­кIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и гъатхэ сессием и япэ зэIущIэр.
 
Аруан щIыналъэм и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж судья ­къулыкъум пэрагъэуващ Ашэбокъуэ Рашид, Налшык и суд Iуэху­щIапIэ №17-м - Мэлыхъуэ Эммэ, Шэджэм суд IуэхущIапIэ №1-м - Мырзэкъан Маринэ, Налшык суд IуэхущIапIэ №16-м - Шорман Аллэ. 
Пенсэ ныбжьым зэрынэсам къыхэкIыу, КъБР-м и Къэзыбж-къэ­зыпщытэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъум трагъэкIащ Сарбашевэ ФатIимэ. 
ЗэIущIэм еджэгъуитIу къыщащтащ «Iэщ зехуэным теухуауэ» ­КъБР-м и законым и Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэ­нымкIэ, «Ветеринарием и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и 1-нэ, 10-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ проектхэр. Ахэр къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Парламентым щIы IуэхухэмкIэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыу­хъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым.
КъБР-м къалэ ухуэныгъэхэмкIэ и законым зэхъуэкIыныгъэхэр егъэ­гъуэтыным теухуа проектыр къыхилъхьащ КъБР-м и Правительствэм. ЗэIущIэм ар еджэгъуитIу къыщащтащ. Проектым теухуауэ къэпсэ­лъащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. Проектым къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м УхуэныгъэхэмкIэ и кодексым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, КъБР-м и законым и 18-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэмрэ 22-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэмрэ къару ямыIэжу къэлъытэн хуейуэ.  
Депутатхэм къащтащ республикэм и цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэну Iуэху щхьэхуэм папщIэ зэдэарэзыуэ цIыху бжыгъэ пыухыкIам ахъшэ зэхалъхьэн хуей хъумэ, къуажэ, къалэ щхьэхуэхэм щыпсэухэр щызэхуэс хъуну щIыпIэхэр, хабзэхэр убзыхуным теухуа проектыр. Ар къыхилъхьащ КъБР-м и Парламентым Законода­тельствэмкIэ, къэрал ухуэкIэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и комитетым. Абы и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, ­цIыхуипщI мынэхъмащIэм къыхалъхьэ жэрдэмым теухуауэ муни­ципалитетым и унафэщIхэм зэхуэсым и мардэхэр ягъэбелджылын хуейщ. Законопроектым и щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ мылъку щIы­зэхалъхьэ Iуэхум и зэран къуажэм е къалэм щыпсэу нэгъуэщI цIыху­хэм емыгъэкIыныр. 
УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий тепсэлъыхьащ 2021 гъэм и бжьыхьэ сессием ялэжьахэм. ЗэIущIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр, республикэм и цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ илэжьхэм, хабзэубзыху IуэхущIафэу иригъэкIуэкIхэм, нэгъуэщIхэми.  
Егоровэ Татьянэ сенаторым фIыщIэ хуищIащ республикэм дежкIэ щхьэпэ Iуэхухэр зэрилэжьым, Парламентым сытым дежи къы­зэ­рыпыщIам папщIэ. 
«КъБР-м и Парламентым и депутатым и статусым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 6-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. 
Политикэ партхэм ятеухуа федеральнэ законым къызэригъэу­-вымкIэ, КъБР-м и Парламентым и япэ зэIущIэм хэтыну хуитт Пар­ламентым къыщымыгъэлъэгъуа парт щхьэхуэхэр. Политикэ партхэм а Iэмалыр къагъэсэбэпакъым. 

 

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ