ШЫПШ ТИМУР ЦСКА-М ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Мэзкуу и ЦСКА-м и цIыхубз футбол командэм и тренер штабым зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ. 2022 гъэм мэзкуудэсхэм я тренер нэхъыщхьэ Григорян Александр и дэIэпыкъуэгъуу щытынущ нэхъапэм «Спартак-Налшык» футбол командэм и гъэсакIуэу щыта Шыпш Тимур. 

Тимур и тренер лэжьыгъэр 2006 гъэм «Спартак-Налшыкым» щыщIидзащ. Илъэсихым къриубыдэу дэIэпыкъуэгъум къыщыщIэдзауэ командэм и тренер нэхъыщхьэм нэсащ. 2018 гъэм ар ирагъэблэгъащ «Тамбов» командэм, 2021 гъэм абы игъэхьэзыращ Краснодар и «Кубань»-р. 
Шыпш Тимур 1970 гъэм Нарткъалэ къыщалъхуащ. Топ джэгуным зыщыхуигъэсари а щIыпIэращ. Сыт и лъэныкъуэкIи IэкIуэлъакIуэ, хьэрхуэрэгъухэм зэи къапимыкIуэт щIалэщIэм мыгувэу гу къылъатащ икIи и ныбжьыр илъэс тIощIым иту Прохладнэ и «Ремонтник» (иужькIэ «Кавказкабель») командэм хыхьащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм етIуанэ дивизионым хэт Бахъсэн и «Эталон»-м (иужькIэ «Автозапчасть» зыфIащыжам) ирагъэблэгъащ.
Нэрылъагъут Шыпш Тимур гъуащхьэхъумэ Iэзэ къызэрыхэкIар. Арати, япэ лигэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Налшык и «Спартак»-м 1992 гъэм хагъэхьащ. Абы хэту Тимур зэIущIи 194-м щыджэгуащ икIи и хьэрхуэрэгъухэм топищ яхудигъэкIащ.
Топ джэгуныр 2001 гъэм щигъэта иужькIи ар фIыуэ илъагъу футболым къыхэкIыжыфакъым. Шыпшыр тренер IэщIагъэм хуеджащ икIи къэралым и командэ нэхъыфIхэр игъэсэну хуит къэзыщI «А» категориер зыIэригъэхьащ.
Абы гъэхутапIэ нэс хуэхъуащ 2012 гъэм и мэлыжьыхь (апрель) мазэр. Егъэлеяуэ щытыкIэ гугъум ихуа «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхэмынэнур гурыIуэгъуэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуп зэкъуэт иIэн хуейт, къэралпсо утыкум ди пщIэр щиIэту, ди щIыпIэм къыщалъхуа щIалэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну Iэмал яIэу. Арат зэрыщыгугъыр Шыпш Тимур зи тренер нэхъыщхьэу ягъэува «Спартак-Налшыкым». АбыкIэ щIэдзапIэ хъун хуейт мэлыжьыхьым и 15-м Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIыну зэIущIэр. Премьер-лигэм щыIэ зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнут Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-р. 
Шыпш Тимур зи тренер нэхъыщхьэ хъуа «Спартак-Налшыкыр» а махуэм къыпхуэцIыхужынтэкъым. Ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэ зыбжанэ зэуэ зыхигъэхьа гупым дамэ къатекIам хуэдэт икIи щхьэ къэIэтыпIэ ирамыту я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у хагъэщIащ. ДжэгугъуихкIэ зэкIэлъхьэужьу абы ипэкIэ къызытекIуа налшыкдэсхэм я гугъэхэр къэщIэрэщIэжат. АрщхьэкIэ, бетэмал, кIасэIуэ хъуат. КъыкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуитхум зэ фIэкIа къыщыхамыгъэщIами, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къыхагъэкIащ – абы хуригъэкъужакъым зэхьэзэ-хуэм и пэщIэдзэм ягъэкIуэдауэ иджы апхуэдизу зыхуэныкъуэ очко бжыгъэр. 
Апхуэдэу щыт пэтми къэралым и командэ нэхъ лъэщхэм яхэту иужьрей зэIущIэхэм щыпсыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым и къэкIуэнур куэдкIэ зэпха щIалэщIэхэу, къэралым и командэ лъэщхэм итIанэ ирагъэблэгъахэу Абазэ Руслан, Балэ Рустам, Болэ Руслан, Гъуэщокъуэ Арсен сымэ. ИужькIэ абыхэм яхыхьащ Щауей Алихъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ди щIыпIэм къыщыхъуа нэгъуэщI щIалэхэри Iэмал щагъуэтынум пэплъэрт. Шыпш Тимур абыхэм я зэфIэкIыр нэсу къигъэсэбэпащ икIи а Iуэхугъуэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Сыти жыIи адыгэ, балъкъэр футболистхэращ республикэм и командэ нэхъыщхьэм нэхъыбэу хэтыпхъэр. Хамэр хамэщи, и Iуэху къыщикIымкIэ мэкIуэж икIи утыку укъранэфынущ. Укъэзыгъэпэжынур ууейращ. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур. Аращ ди щIалэгъуалэр и плъапIэу щIыщытари. ИкIэм-икIэжым абы фIы къызэрытхуихьынуми шэч хэлътэкъым.
Иджы Шыпш Тимур аргуэру и пщэ къалэнышхуэ къыдалъхьащ. Шэч къытетхьэркъым абыи ар хъарзынэу зэрыпэлъэщынум.

 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.