КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭСЫМ И IЭТАЩХЬЭР КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ КЪОХЪУЭХЪУ

«Уи махуэщIымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр! Уи илъэси 100-мкIэ!» – защыхуегъазэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэсищэ зэрырикъуэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ абы щыпсэухэмрэ.
«Лъэпкъыбэу зэхэт Къэрэшей-Шэрджэсми сэри къыдбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ, си ныбжьэгъу икIи си шынэхъыщIэ КIуэкIуэ Казбеки, къуэш щIыналъэм щыпсэу и цIыхубэми гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу махуэ лъапIэмкIэ!
Гъуэгуанэшхуэ къызэпыфчащ, ехъулIэныгъэ куэди, текIуэныгъэ хьэлэмэтхэри зыIэрывгъэхьащ. ДяпэкIи, сэ абы шэч къытесхьэркъым, щIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ щытыкIэми зиужьынущ, щIыналъэм илъ зэгурыIуэныгъэми екIакIуи иIэнукъым. Урысейм и щIыналъэхэм я нэхъ хьэлэл, щIыпIэ дахащэ, хьэщIэкIэ зи хуэдэ щымыIэ Хэку, ефIакIуэ!
Ди лъэпкъхэр игъащIэми зэгъунэгъуу къызэдогъуэгурыкIуэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдопсэу. Ди зэныбжьыгъугъэр нэхъри быдэ ещI ди зэхаку илъ Iыхьлыгъэм, гуауэми гуфIэгъуэми дызэрызэлъэIэсым, зыр зым щIэгъэкъуэн дыхуэхъуу дызэрызэдыщыIэм. Фэ фыдигъунэгъу къудейкъым – фэ фыдикъуэшщ, фыдиныбжьэгъу пэжщ! Хьэкъыу си фIэщ мэхъу ди зэпыщIэныгъэхэм зыри зэран къазэрыхуэмыхъунур, нэхъри быдэ зэрыхъунур.
ГукIи псэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэну, ехъулIэу псэуну, насыпрэ гукъыдэжрэ щымыщIэу дунейм тетыну! Фи щIылъэр щхъуантIэу, фи уафэр къащхъуэу фыпсэуну си гуапэщ!» – щыжеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа видеотеплъэгъуэ дахэ зыщIыгъу хъуэхъубзэ гуапэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)