КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ ЕДЖАПIЭЩIЭХЭР ЩАУХУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2022 гъэм еджапIиблым щхьэкIэ ухуэныгъэхэр ирагъэжьэнущ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъпсо проектым ипкъ иткIэ, Налшык къалэ сабий 1500-рэ, Бахъсэн – 1224-рэ, КъалэкIыхьым (Прохладнэ) – 560-рэ, Майкъалэ – 330-рэ, Псынабэ 150-рэ, КъалэцIыкIум (Красносельскэ) – 500, Бабыгуей (Сэрмакъ) – 275-рэ зыщIэхуэну еджапIэхэр дащIыхьынущ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр зи лъабжьэ щIыналъэ программэм ухуэныгъэхэр хэгъэхьэным теухуа унафэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщащтар 2021 гъэрщ. А программэм къызэригъэувымкIэ, курыт щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт еджапIэхэр зыхуэныкъуэну иджырей Iэмэпсымэхэмрэ техникэмкIэ къызэгъэпэщын, ухуэныгъэщIэхэр егъэжьэн хуейт.
«Демографие и лъэныкъуэкIэ ди Iуэхур Iейкъым. ЕджакIуэхэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм, 2022 гъэм ирихьэлIэу абы я бжыгъэр щыIэ Iэмалхэм фIыуэ зэребэкIым къыхэкIыу, еджапIэщIэхэр фIэкIыпIэ имыIэу ухуэн хуейуэ гъащIэм къегъэув. Абы къищынэмыщIауэ, ухуэныгъэхэр щедгъэжьэну щIыпIэхэм еджапIэхэр яхурикъуркъым, щыIэхэми сабийхэр щIэхуэркъым. Мис а щыщIэныгъэхэр гъэкIуэдыжыным хуэунэтIащ программэр», – къыхигъэщащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хуэIухуэщIэхэмкIэ министрым и къуэдзэ Локьяев Алан.
Мысыхьэтым щIыпIэ-щIыпIэкIэ щрагъэжьэну ухуэныгъэхэм ехьэлIа тхылъымпIэхэр ягъэхьэзыр, текIуэдэну мылъкур яубзыху. Куэд мыщIу Iуэхур зи пщэ далъхьэну ухуакIуэ гупри зэхьэзэхуэкIэ нахуэ хъунущ.
Программэм къызэригъэувымкIэ, еджапIэхэр 2023 гъэм ирихьэлIэу яутIыпщын хуейщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.